ПсыфI-ПсыфIыпс-Псезуапсе

Сочэрэ ТIуапсырэ я зэхаку щежэх псыщ. Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм «Грачёв и щхьэдэхыпIэ» зыфIаща и гузэпыщIэм (метр I286-рэ и лъагагъщ) ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм къыщIэж псынэпс цIыкIухэмкIэ зыкъызэщIекъуэри, къуэладжэ куухэм зыщигъазэ-зыщиIуантIэу, яфIыдэкIуасэ-къыщыдэунэхукIыжурэ, километр 41-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэ телъыджэр зэпича иужь, Лазаревск (ПсыфIыпэ) посёлкэм и гъунэгъуу хы ФIыцIэм щыхолъэдэж.

Зэреджэм ехьэлIауэ

Иджырей щIыналъэгъэлъагъуэ (географ) картэхэм мы псым и цIэр урысыбзэкIэ зэрыратха «Псезуапсе» псалъэм япэу дызригъэгупсысым къытращIыкIа фIэкIа умыщIэну, языныкъуэ щIэныгъэлIхэм (Твердый А.В. «Топонимический словарь Кавказа») зэратхымкIэ, фIэщыгъэр «псэ», «шIу», «псы» Iыхьищу зэпкърытх хъунущ. КIахэ псалъэкIэм щыщ «шIу» пычыгъуэр къэбэрдей адыгэхэм «фIы» зыхужытIэрщ. Ауэ щыхъукIи, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ зиIэ лъахэхутэхэм мы фIэщыгъэм кърахыр «Псэм и псыфI» мыхьэнэрщ.

ЩIыпIэцIэм ехьэлIа нэгъуэщI жыIэкIэщ (зэ еплъыгъуэкIэ зэщхь хуэдэу къытщыхъуми) ди лъэпкъэгъу шапсыгъ адыгэхэр а псым зэреджэ  «ПсышIу» фIэщыгъэмрэ ар хым щыхэлъэдэж щIыпIэр зэрызэхацIыхукI «ПсышIуап» («ПсыфIыпэ») псалъэмрэ. Къэбэрдейхэм ар зыхуэтхь хъунур «псы», «фIы», «пэ» пычыгъуэхэр зэпыдгъэувэмэ къарыкIырщ...

Псым и цIэр «псыдыуэпс» псалъэм къытехъукIауэ жызыIэхэри щыIэщ. Мыри къыжыIэпхъэхэм ящыщщ: тIуащIэм дэс Тхьэгъэпщ адыгэ къуажэ цIыкIум къыщхьэщыт шытхым ПсышIотх (ПсыфIытх) цIэр зэрехьэ.

Тхыдэм щыщу

БгыщхьэхэмкIэ мы псым и фIэщыгъэу картэхэм ярыт «Хакуч» псалъэри гъэщIэгъуэнщ. Тхыдэджхэм къызэралъытэмкIэ, абдежым а цIэр нэхъ щIыкIэрыпщIар, Урыс-Кавказ зауэр иуха пэтми, а щIыпIэм хьэкIуцIу (хьэкув) адыгэ лIакъуэ зэхэджар къахуимыкIыу иджыри илъэс зыбжанэкIэ зэрисарщ.

1864 гъэм Урыс-Кавказ зауэр и кIэм нэблэгъауэ къалъытами, урысыдзэр иджыри 1865 илъэсым и гъатхэ, бжьыхьэ лъэхъэнэхэми, абы къыкIэлъыкIуа 1867 гъэм хиубыда мазэ бжыгъэхэми, зи щхьэхуитыныгъэм къахутемыкI, хы ФIыцIэ IуфэмкIэ укъыщеплъмэ, Шахэрэ Ашэрэ я зэхуаку дэлъ мэз гуэрэн Iувыжьхэм къафIыщIэна адыгэхэм теуэ зыбжанэ иращIылIауэ щытащ. Къэдгъэлъагъуэмэ, ПсыфIыпс (Псезуапсе) и псыхъуащхьэхэм, ХьэкIувыпс (ХьэкIуцыпс, Хакучипсе), Хьэджыкъуэ (Ходжоко, Хаджико), Тэчей (Татай), Кхъуэпс (Копсе), Енэбэплъ (тхьэрыкъуэф теплъэ иIэу а щIыпIэм къыщыкI къэкIыгъэ плъыжьым зэреджэ «енэб» псалъэм къытехъукIащ) псы бгъунжхэм къагъэщIа къуэладжэ дыхьэнейхэмрэ абыхэм я щхьэжкIэ узыщрихьэлIэ щIыпIэ дэгу пхыплъыгъуейхэмрэ зэпэщIэувэныгъэ гуащIэхэр щекIуэкIащ.

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: