Хэкур тхуэзыхъумахэм щхьэщэ яхуэфащэщ

Тыркум и Мараш вилайетым щыпсэухэр хэкужьым и Джылахъстэней щIыналъэм икIахэрщ. Ахэр къуажэ-къуажэу зэхэтIысхьэри, я бзэр, щэнхабзэр яхъумэу къызэдекIуэкIащ. Иджыри къыздэсым абы щызэхуосыж адыгхэр, щIэх-щIхыурэ Адыгэ щэнхабзэм и фестивалхэр къызэрагъэпэщ. А Iуэхухэм жыджэру хэтхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэх-щIэхыурэ къэкIуэж Емуз Баязит. Тыркум щыпсэу джылахъстэней адыгэхэм я псэукIэм фIыуэ хещIыкI Баязит, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэ щIыным ерыщу йогугъу.

- Хэхэс гъащIэм увыпIэшхуэ щеубыд адыгэ фестивалым. Дэри мызэ-мытIэу дыщыIащ апхуэдэ гуфIэгъуэ зэхыхьэшхуэхэм. Дауэ къызэвгъэпэщрэ ахэр?

- Мараш Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ апхуэдэ Iуэху дахэ зыбжанэрэ къызэдгъэпэщащ. Ар къыддаIыгъащ икIи къыддащтэ Тырку Республикэм и Парламентым, Мараш къалэ администрацэм, абы щыпсэу ди лъэпкъэгъу хьэрычэтыщIэхэм, Тыркум хасэу итыр зэпха «КАФФЕД»-м. Мараш щекIуэкI хабзэ фестивалхэм хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм щыщ уэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр, джэгуакIуэхэр, театрым и актерхэр.

Фестивалыр махуэ зыбжанэкIэ йокIуэкI. Махуэ къэс концерт, гушыIэ, театр теплъэгъуэ, сыт жыпIэми, цIыхухэм я нэгу зеужь. Ауэ ар ди лъэпкъэгъухэм я нэгу зедгъэужьын къудей щхьэкIэ зэхэтшэ Iуэхукъым. Нэхъыбэу ди гупсысэр зытеухуар щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щикъухьа хэхэс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ зэрыцIыхужын, зэман куэдым къыпхытха бзэр тхъумэн, ди лъэпкъыр зыхэсхэм яхэмышыпсыхьыжын щхьэкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм языхэзу къэдгъэсэбэп Iэмалщ. Лъэпкъ зыхэщIыкIыр къэдгъэушын мурадкIэ, едгъэжьащ мы фестивалыр, нэхъыбэу хэтри щIалэгъуалэщ. Сыт щхьэкIэ? ЩIалэгъуалэращ къэкIуэнур зэтпхыр, иджыри къэс тхъума лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэ тIэкIум дяпэкIэ «псэ хэзылъхьэжыну», нэхъ мыхъуми а щыIэр ямыгъэкIуэдыжыну дызыщыгугъыр.

ЦIыхухэр зэхыхьэу зэхэкIыжу аракъым, атIэ зэпеуэхэри, зэпсэлъэныгъэхэри, зэрыцIыхуныгъэхэри хэтщ. Псом нэхъыщхьэр Мараш къедзылIа джылахъстэней къуажэхэм дэсхэр зэрызэхуэсырщ. ХьэпцIей, Къаншууей, Инаркъуей, Анзорей, Индрей жылэхэм я псэукIэр, зэрахьэ хабзэр, я зэхэтыкIэр къеблагъэхэми ядогъэлъагъу.

Дэ ди гуапэщ хэкужьымрэ Мараш вилайетымрэ щэнхабзэ лъэмыжым и мызакъуэу нэгъуэщI IэмалхэмкIи зэпытщIэну. А джылахъстэней къуажэхэр зэпхыжа Мараш къалэр гъуаплъэм зэрелэжьымкIэ Тыркум япэ увыпIэр щиIыгъщ, текстилыр къапщтэмэ, къэралым щыетIуанэщ. Мис апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэри ди зэхуаку къыдэхъуэныр фIыт.

- Мараш Адыгэ Хасэм и лэжьэкIэм, джылахъстэней къуажэхэм дэсхэм я адыгагъэр яIэщIэмыхунымкIэ ищIэхэм дыщыбгъэгъуэзамэ арат.

- Джылахъстэнейм икIа адыгэхэр зи гугъу сщIы щIыпIэм деж щетIысэхри, зыдэIэпхъукIа жылэхэм я цIэхэр фIащыжурэ адыгэ къуажэ цIыкIухэр яухуащ. Мис абыхэм зэрыIыгъыу дэсурэ я бзэр, щэнхабзэр, хабзэр хъарзынэу яхъумэжащ. Ауэ иужьрей зэманыр къэтщтэнщи, нэхъыбэр Тыркум и къалэшхуэхэм Iэпхъуащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, Мараш адыгэ унагъуэу мини 2-м щIигъу дэсщ.

- Хэкум къыхувиIэ пыщIэныгъэр сыт хуэдэ? КъэкIуэжыну, хьэщIапIэ къэкIуэну хуейхэм я бжыгъэр куэд?

- Мыбы ис ди къуэшхэм хэкум хуаIэ гурыщIэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ гуащIэщ дэнэ къэрал щыпсэу адыгэми и гум щыщIэр. Гур зэрыгъуу яIэ гуныкъуэгъуэр, зэи хэмыгъуэщэжыну ятелъ дыркъуэр, адэжь лъахэм зэрыпэIэщIэращ. Аращ, дауи, я хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр зэпхар - хэкум зэ мыхъуми я лъэр къахусыну е къагъэзэжыпэну. Иужьрей гурылъыр нэхъ зиIэр, сэ гу зэрылъыстэмкIэ, щIалэгъуалэращ. Ахэр хуейщ зищIысыр къащIэжыну, я лъэр щыбыдэ щIыпIэм я щхьэр щаIэтыну, щIэныгъэ щызэрагъэгъуэтыну, унагъуэ щаухуэну… Ауэ пэжщ, апхуэдэ мурад быдэ зыщIами занщIэу зыкъиIэтыфыркъым, мыбыкIэ щыIэ гъащIэ ухуэкIэм, зэмысам егъэшынэри.

Мис а зэрышынэр, зэрытемыгушхуэр лъэныкъуэкIэ егъэкIуэтэкIа хъун папщIэ нэхъыбэрэ дызэхыхьэн, дызэрыщIэн, дызэрыцIыхун хуейщ. Тыркум, Сирием, Иорданием, дэнэ щIыпIэ уис щхьэкIэ къэмынэу адыгэгу пкIуэцIылъмэ, зэуIуу упсэумэ, уи Iуэху нэхъ дэкIынущ, узыдэIэпыкъуфынущ. Абы и щапхъэу дунейм лъэпкъ Iэджэ тетщ зэбгрыдзауэ, ауэ зыфIэмыкIуэдауэ. Сэри сыхуейт дуней псом дытепхъами, нэхъ быдэу дызэрыубыдыжыну.

Нобэ адыгэу мелуани 7-м щIигъу щопсэу Тыркум, пэжщ нэхъыжьхэм къащIэна лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр кIуэ пэтми нэхъ махэ щохъу хамэ щIыпIэм, иджыри къэс къэзыхъумар къуажэ цIыкIуурэ зэхэтIысхьэжу зэрыпсэуарщ.Хасэ димыIауэ щытамэ, мис а къалэхэм Iэпхъуа адыгэхэр псынщIэ дыдэу яхэшыпсыхьынут тыркухэм. Абыхэм ягъэзащIэ къалэнхэри кIуэ пэтми нэхъ ин хъууэрэ макIуэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нэхъапэм къуажэхэм дэсу щытати, хасэншэуи я Iуэхур дэкIырт, зэбгъэдэсхэр адыгэти, я псэукIэри абы хуэфэщэжт. Иджы нэгъуэщI лъэпкъхэм яхотIысхьэри, ядоджэ, ядолажьэ, ядопсэу… Адыгэбзэ щызэхахри, адыгэ къафэ къыщыфэри, адыгэ хабзэм щытепсэлъыхьри хасэращ.

Къэбэрдейм къина зы мащIэр мыхъуауэ щытамэ, дэ хэку диIэжынутэкъым. Псалъэмакъ куэд къокIуэкI икIамрэ щIикIамрэ я щхьэусыгъуэхэр зэмыщхьу къыхэщу. Хэти сыти жрыреIэ, ауэ сэ хэкум къина ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ щхьэщэ яхузощI, ди лъэр щIэзыгъэкI, ди гур хэзыгъахъуэ щIыбагъ дызэриIэм и фIыщIэр абыхэм есхьэлIэу…

Епсэлъар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться: