Анэдэлъхубзэм и къалэн

«Анэдэлъхубзэр маржэ!.. Анэдэлъхубзэр!..» жытІэху, ар сытми лъэпкъыр хъума хъун щхьэкІэ жытІэ къудей хуэдэу языныкъуэхэм къащохъур. Пэжщ, лъэпкъыр зыгъэлъэпкъыр псом япэу и бзэр аращ. Бзэншэ лъэпкъыр псэншэщ, щІыжаІари аращ. Ауэ «анэдэлъхубзэр маржэ!.. Анэдэлъхубзэр!..» щІыжытІэр абы и закъуэкъым, атІэ, уи сабий ебгъэфІэкІуэну, нэхъ гурыхуэ пщ1ыну, нэхъыфІу ебгъэджэну ухуеймэ абы и щхьэр, и акъылыр псыхьа зэрыхъунур и анэдэлъхубзэрщ. Пэж дыдэу анэдэлъхубзэр щхьэгъэпсщ,  щІэнгъэпсым (компютерым) илъ программэ оригиналым хуэдэщ. Сабийр къыщалъхукІэ абы и щхьэкуцІым илъ программэ оригиналыр, и анэдэлъхубзэр аращ. ЩІэнгъэпсыр, япэрауэ, езым и программэ оригиналымкІэ уогъэлажьэри итІанэ узыхуей нэгъуэщІ программэхэри иболъхьэфыр. Сабийм и щхьэкІуцІри апхуэдабзэщ, япэрауэ, езым и программэ оригиналымкІэ – и анэдэлъхубзэмкІэ бгъэлажьэмэ, итІанэ узыхуей бзэри ебгъэщІэфынущ тыншу, узыхуей щІэныгъэри ебгъэгъуэтыфынущ.

ЩІэныгъэрылажьэхэм къызэрахутамкІэ сабийм и щхьэкуцІыр генетикэкІэ и анэдэлъхубзэм хуэфІу, хуэгъэпсауэ къохъур. Ар зыхуэфІ и анэдэлъхубзэр ебгъэгъуэтыжу щытмэ, псори нэхъ гурыІуэгъуэ къыщохъур. Дэтхэнэ зы цІыхури нэхъыфІ дыдэу зэрыгупсысэр езым и анэдэлъхубзэрщ. Сабийм и анэдэлъхубзэр йомыгъащІэу щытмэ, нэхъыфІ дыдэу зэрыгупсысэф Іэщэр абы Іэщ1эбудауэ аращ. Ар апхуэдэу зэрыщытыр къэзыгъэпэжу щапхъэ куэд щыІэщ. Адыгейм щрагъэкІуэкІа зы къэхутэныгъэми ар ІупщІу къыхощыр.

Куэдыр зэрыщыгъуазэщи, совет системэр щаухуам е 1930 илъэсхэм къыщыщІэдзауэ  1960 гъэ пщІондэ, къуажэхэм пэщІэдзэ еджапІэхэм япэ илъэситхум предмет псори адыгэбзэкІэ щрагъэджу щытащ, урысыбзэри сыхьэт бжыгъэ гуэру хэту. 1960 гъэм къыщыщІэдзауэ а щІыкІэр яхъуэжри, предмет псори урысыбзэкІэ яджу ящІащ, адыгэбзэри сыхьэт бжыгъэ гуэру абы хэту. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а сыхьэт бжыгъэ мащІэри кІуэхукІэ нэхъ мащІэж ящІыурэ къокІуэкІ. А щІыкІэм нэхъ губзыгъэ дызэримыщІар щІэныгъэ къэхутэныгъэм ІупщІу къигъэлъэгъуащ.

1960 гъэм и пэкІэ, пэщІэдзэ еджапІэр къуажэм къыщызыухауэ математикэ, физикэ, химие хуэдэ техническэ щІэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэтахэр, аспирантурэ къэзыухахэр, щ1эныгъэхэм я кандидат, доцент, доктор, профессор хъуахэр апхуэдизкІэ куэдти, нэхъыфІ дыдэхэм ящыщт адыгэхэр. Ауэ 1960 гъэм иужь пэщІэдзэ еджапІэр къуажэм къыщызыухауэ математикэ, физикэ, химие хуэдэ техническэ щІэныгъэхэмкІэ, адрейхэр къызогъанэри, щ1эныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэтахэр щымыІэххэ хуэдэу мащІэ дыдэщ, закъуэтІакъуэщ.

НэгъуэщІ щхьэусыгъуэ гуэрхэри иІэнкІэ хъунущ, ауэ абы къегъэлъагъуэ сабийр и анэдэлъхубзэкІэ ебгъаджэмэ, нэхъ губзыгъэ, нэхъ гурыхуэ, еджэныр, щІэныгъэ Іуэху елэжьыныр нэхъ хузэфІэкІ зэрыхъур.

Анэдэлъхубзэм и къару

Къэсейхьэблэ адыгэм лъэпкъ къутэ къыщытхуагъэкІуа лъэхъэнэм, Хэкужъым ирагъэІэпхъукІа абадзэхэ къуажэхэм ящыщт. ИужьыІуэкІэ адрейхэм якІэлъыкІуэжын хуей хъуати, Тырку щІыналъэм и закъуэпцІийуэ къыщыхутат. КъегъэтІысэкІа къуажэхэр псори тырку пэтми, пхыдзауэ аддэ бгыщхьэм зэрисым, гъуэгу зэхэкІыпІэ-зэблэкІыпІэу зэрыщымытым и фІыгъэкІэ, яхэмызэрыхьу, зэрыадыгэу къызэтенэфащ. Абы езы къуажэдэсхэм я Іущагъ хэмылъуи пхужыІэнукъым, тыркухэр Іуэгъу-щІэгъущэ зэрызыхуамыщІыным хуэсакъащ.

Фэтджэрий, а къуажэм къыщалъхуат. Къызэрыхъуа унагъуэр, Тырку Іуэгъу-щІэгъу нэхъ мащІэ дыдэ зиІахэм ящыщт. Унагъуэми къуажэми щызекІуэр адыгэбзэт. Тыркубзэ тІэкІу зэзыгъэщІар зы мащІэт. Ари ныкъуэдыкъуэут зэращІэр, бэзэрым щыкІуэкІэ е тырку гуэр къуажэм къыщыдыхьэкІэ, зыхуагъэщхьэпэу арат. Къызэрыпсалъэуи къапщІэрт ахэр зэрымытыркур, зэрыадыгэр. 

Фэтджэрий, пэщІэдзэ еджапІэм щыщІагъэт1ысхьам щыгъуэ зы тыркубзэ псалъэ ищІэртэкъым. Ауэ, дауи, унагъуэм, къуажэм зэрыщыпсалъэ адыгэбзэр, и анэдэлъхубзэр фІы дыдэу ищІэрт.

Хуэмеиххэурэ здыщІагъэт1ысхьа пэщІэдзэ еджапІэм, и насыпти, сабий психологием, педагогикэм фІыуэ хищІыкІыу зы егъэджакІуэ  хъарзынэ хуэзэри, тыркубзэр къабзэу, акцент имыІэу къригъэщІат. Адыгэбзэр фІыуэ зэрищІэм и фІыгъэкІэ Фэтджэрий, тыркубзэри фІы дыдэу икІи псынщІэу зэригъэщІат.

Щ1алэм и закъуэт апхуэдэу зи тыркубзэ зымыщІэу къуажэ еджапІэм щІагъэтІысхьар, сыту жыпІэмэ, адрейхэм я адэ-анэхэм тыркубзэ ныкъуэдыкъуэ кърагъэщІауэ зыгуэрхэр ящІэт. Ауэ къыхэгъэщыпхъэщ, абыхэм ящыщ зыри дахэ-дахэу зэремыджэфар, хэт курытым, хэт лицейм зэрыфІэмыкІыфар.

Фэтджэрий, ирагъэджэну къалэм ягъакІуэри, дин еджапІэм щІагъэтІысхьащ. Дин еджапІэм предмет куэдым щыхурагъаджэрт, хьэрыпыбзэри, персыбзэри, нэмыцэбзэри хэтыжу. Къыдеджэ тыркухэм а хамэбзэхэр апхуэдизкІэ къайхьэлъэкІырти, дахэ-дахэу къагурыІуэртэкъым, зэрагъэщІэфтэкъым. Ауэ Фэтджэрий, егъэджакІуэм зэрыжиІэу, зэуэ къипхъуатэрт. Ар апхуэдэу псынщІэу къыщІыгурыІуэр езым и губзыгъагъым и закъуэтэкъым, атІэ, егъэджакІуэм жиІэр щхьэкуцІым к1уэрык1уэм тету адыгэбзэм иригъапщэрти, адрейхэм елъытауэ нэхъ щІэхыу къыгурыІуэу арат. АтІэ, щхьэкуцІыр анэдэлъхубзэкІэ гъэпса, псыхьа щыхъукІэ, абы нэгъуэщІыбзэхэри, щІэныгъэхэри нэхъ щІэхыу къиубыдыф мэхъу,  бзитІ зыщІэм ещанэр нэхъ щІэхыу зэрегъэщІэф.

Хъуажь Фахъри.
Поделиться: