Тумэн-бей и вагъуэ

Мамлюкхэм я дзэр тыркухэм къызэрызэхакъутами, Къанщауэ Гъур зэрылIами я хъыбар щIэх дыдэу нэсащ Мысырым и къалащхьэм. Ар щымыпсэужкIэ, жари, сулътIану хах Тумэн-бей. Тумэн-бей лIы хахуэт, Къанщауэ Гъур и къуэшым и къуэт, илъэс плIыщIым нызэрыхьэса къудейт.

Дабикъ губгъуэм щекIуэкIа зауэм и ужькIэ Селим и
IэмыщIэ Сириер ихуащ. Мамлюкхэр икIуэтыжри, Каир зыщагъэбыдащ. Селим мамлюк дзэпщхэм я деж лIыкIуэ игъэкIуащ: “Фи Iуэхум кIэ иIэщ, зыкъэфт”, - жери. “Зы­къэфтмэ, Мысырым и гугъу сщIынкъым, - хуитхащ тырку­ сулътIаным Тумэн-бей. - Зыкъэвмытмэ, сыныфтеуэнурэ уэри уи мамлюкхэри дунейм фытесхунущ”.

Затын мурад яIэтэкъым адыгэхэм, я пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым. Тырку лIыкIуэхэр иригъэукIащ Тумэн-бей - зауэр яублэжауэ арат абы къикIыр.

Мамлюкхэм къабгъэдэнэжар губгъуэм ис бедуинхэмрэ къалэдэс къулейхэмрэт - адрейхэр псори къепцIыжащ, шэрджэсхэм я IэмыщIэ дыкъыщикIыну зэманыр къэсащ жари. Тырку пащтыхьми хъыбар игъэIу зэпытт: “Сэ сызэзауэр хьэрыпхэракъым, сэ си бийр мамлюкхэрщ”, - жиIэурэ.

 Тыркухэр къэмыпхъэр щIыкIэ Тумэн-бей дзэшхуэ зэхуи­шэсын хузэфIэкIащ, Йеменым иса дзэми Каир къагъэзэжащ. Дзэр топрэ фочкIэ зэщIаузэдащ мамлюкхэм, топым Магриб щыщ зауэлIхэр залымыгъэкIэ ирагъэувэлIащ.

 Тыркудзэмрэ мамлюкхэмрэ япэ щызэжьэхэуар 1517 гъэм щIышылэм и 22-рщ - Каир пэмыжыжьэу. Тыркухэм мамлюк топхэр къызэхакъутащ. Магриб топгъауэхэр щIэпхъуэжри, Тумэн-бей къыхуэнар адыгэ шуудзэм и закъуэщ. Шуудзэм я пащхьэ иуващ шэрджэс дзэпщхэр - Тумэн-бей, Алан-бей, Курдей сымэ. Тумэн-бей тхьэ иIуащ и адэ къуэшым, Къанщауэ Гъур, илъ ищIэжыну. Шэрджэс шухэм зрачри, тыркудзэм хэлъэдащ. ЗэратхымкIэ, Тумэн-бей а махуэм тырку аскэр мин зэтриупщIэтащ, тырку пащтыхьым и шэтырым ежалIэри тырку уэзирышхуэр (премьер-министрыр) иукIащ, пащтыхьра и гугъэри.

Аскэр минищэм пэува мамлюкхэр шу миным зэры­щIигъу щыIэтэкъым - къикIуэтын хуей хъуащ, куэдым я щхьэр халъхьэри. Тыркухэр Каир дыхьащ. Мамлюкхэм хэт къалэм зыщигъэпщкIуащ, хэт губгъуэм ихьащ. Къалэм зыщызыгъэпщкIуахэр, бзэгу яхьурэ, тыркухэм ира­гъэу­быдащ, ахэр яукI щыхъум, Тумэн-бей шу гуп зыщIигъу­ри, Каир дэлъэдащ, Тырку аскэрхэр къалэм дихужащ. Ягу къызэрыгъуэтыжа нэужь, тыркухэр къебгъэры­кIуэж­ри, Каир яубыдыжащ: мамлюкхэм я къарур щIэкIат, я нэхъы­бэр укIыгъэ хъуат. ИтIани зитакъым Тумэн-бей: зауэм къе­ла шухэр иугъуеижри, мысыр пирамидэхэм я деж тыркудзэм щыпэщIэуващ. МахуитIкIэ зэпыуакъым зауэр, дзитIми лъы куэд иракIутащ. Тыркухэр топрэ фочкIэ къахэуэурэ мамлюк шухэр къызэхакъутащ. Тумэн-бей нэгъуэщI къыхуэнэжатэкъыми, и хэгъэрей бедуиным деж зыщигъэпщкIуащ. Бедуиным бзэгу ихьри, Тумэн-бей тырку­хэм яригъэубыдащ. Хьэрып тхыдэм щыгъуазэ Базили К.М. итхыгъащ: “Газэрэ Каиррэ деж тыркухэм къащезауэурэ, мамлюкхэм щхьэм къимытIасэ лIыгъэ къагъэ­лъэгъуащ. И дзэпщхэм ящыщитI къыщепцIыжым, Тумэн-бей и вагъуэр ижащ. Каир деж мамлюк мин 25-рэ щыхэкIуэдащ зауэм, къалэми мин зыбжанэ даукIы­хьащ. Тыркухэм я дзэ фIыцIэм зэрыпэмылъэщынур къагурыIуа­рэ пэт, псэууэ къэна мамлюкхэр я сулътIан насыпыншэм дэзэуащ, я псэр пытыху. Шэрджэс мамлюкхэм я тепщэ­гъуэм абдежым кIэ щигъуэтащ ”.

 Ал-Ашраф Тумэн-бей 1517 гъэм мэлыжьыхь мазэм и 13-м Баб-аз-Зуелэ куэбжэм деж (Каир) щхьэпылъэ щащIащ. Зауэ гуащIэм къыщыхагъэщIащ шэрджэс шухэр, я щхьэр халъхьащ, ауэ, Монтень зэрыжиIэгъащи, зауэм щытекIуахэм нэхърэ абы щыхагъэщIам я щIыхьыр щынэхъ лъагэ щыIэщ.

Поделиться: