КъулыкъущIапIэхэр зэIухауэ зэдолажьэ

КъБР-м и Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм и илъэс зэIущIэшхуэр. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Пра­вительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Прези­дентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым КъБР-мкIэ и федеральнэ испектор нэхъыщхьэ Мэ­къуауэ Тимур, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лIы­кIуэхэр, щIыналъэхэм, къуажэхэм, къалэхэм я Iэтащхьэхэр. 

ЗэIущIэр къызэIуихащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Пэнагуэ Максим. Пэублэ псалъэр КъБР-м и Iэтащ­хьэ КIуэкIуэ Казбек щратым, къызэхуэсахэм лэжьыгъэ куп­щIафIэ къадэхъуну ехъуэхъуащ. 
- Нобэрей зэIущIэм мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къызэхуэсащ цIыхухэм я псэукIэм зиу­жьыныр зи нэIэ щIэт жылэ унафэщIхэмрэ къэрал къулыкъущIэхэмрэ. Ахэр щызэпсалъэ мыпхуэдэ утыкушхуэхэм, шэч хэмылъу, сэбэп хъун куэд къыщыIунущ. ЕтIуанэу зэхуэсым и мыхьэнэр ин зыщIыр дызыхэпсэукI зэман гугъум, Урысейм Iуэху пыухыкIахэр Украинэм зэрыщригъэкIуэкIыр къагъэсэ­бэпу къуэкIыпIэ къэралхэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ ­«зауэ» къыщыдащIылIа лъэхъэнэм дызэрызэIущIарщ. Нобэ къуэкIыпIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм замыгъэнщIыжу ин­тернетым къралъхьэ Урысейм Украинэр зэтрикъутэну, зыIэщIилъхьэну хуейуэ. Ауэ фэрэ дэрэ фIыуэ дыщыгъуазэщ зауэр езыгъэжьар ди къэралыр зэрыармырар. Абы щхьэу­сыгъуэ хуэхъуар Украинэм и унафэщIу зыкъэ­зы­лъы­тэжхэрщ, езыхэм я политикэ жыпхъэ ягъэувыжауэ илъэсий лъандэрэ Донбассым и цIыхухэр зэтезыукIэхэрщ. Украинэм и национа­листхэр игъэкIуэдыным, зауэм зэрызыхуагъэхьэзыра Iэщэ­хэмрэ техникэмрэ зэтрикъутэным теухуауэ ди къэралым иригъэкIуэкI Iуэхур зыхуэунэтIар а зауэр гъэувыIэнырщ, Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм кърах лейр къызэпыуды­-нырщ. 
Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ Урысейр Украинэм, украин цIыхубэм зэремызауэр, атIэ ар зыпэщIэтыр Украинэм тепщэ щыхъуа националистхэр зэрыарар, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 
Iэтащхьэм къыхигъэщащ УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэр Донбассым и мызакъуэу, ди къэралыр адрей къыхуэдзэлашхэхэм ящыхъумэным зэрыхуэгъэпсар. Зэи хуэ­мыдэжу нобэ къэралым цIыхуу исыр зэкъуэувэн зэрыхуейр, къэрал политикэр зэрыдэIыгъыпхъэр, урысеидзэм зэрызы­щIэгъэкъуэн хуейр къыхигъэщащ КIуэкIуэм.
- Украинэм къыщыхъуа зэпэщIэтыныгъэм дерс къыхэтхын ­хуейщ. Лъэпкъым, хэкум ухуиIэ щытыкIэм егъэлеиныгъэ хэлъ хъунукъым. Иужьрей илъэс 30-м украин жылагъуэм я «лъэпкъ зэхэщIыкIыр» къызэрыушар тлъэгъуащ, ар хуэмурэ уз бзаджэ хъуащ, иджы зауэм хуэзыша гупсысэ мыхъу­мыщIэу къы­щIидзащ. Абы гу лъыттэу, лъэпкъ куэду зэхэс ди республи­- кэм мамырыгъэр щыгъэIэным, дэтхэнэ лъэпкъми и бзэр, и ­хабзэр ихъумэжыным делэжьын хуейщ. ИтIанэщ респуб­ликэм зыщиужьынури, цIыхухэм я псэукIэр щефIэ­кIуэнури. 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур щыдгъэлъапIэ 2022 гъэм псом хуэмыдэу тIэтын хуейр ди адэжьхэм къыт­хуагъэна зэкъуэтыныгъэрщ. Нэхъыжьхэм Iущагъ куэд къытхуа­гъэнащ, хъугъуэфIыгъуэ куэд ­тхуа­хъумащ. Абыхэм я нэхъыщ­хьэу солъытэ ди зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэшы­ныгъэмрэ, - къы­хигъэщащ КIуэ­кIуэм.
Iэтащхьэм тщыгъупщэ зэры­мыхъунур, щIыхь зэрахуэфащэри жиIащ зи акъылрэ зэфIэкIкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэфIэ­зыгъэува, зезыгъэужьа лIы щэджащэхэу Къалмыкъ БетIал, Энеев Магомед, Къэтхъэн Назир, ­Мусукаев Ахъмэт, Къэрэшей Хьэжумар, Боровицкий Иван, Мэл­бахъуэ Тимборэ, Уянаев Чомай, Ахъуэхъу Аслъэнбий, Дохъушо­къуэ Мусэ, Мамхэгъ Михаил, КIуэкIуэ Валерэ, Къанокъуэ Арсен, КIуэкIуэ Юрэ сымэ, нэ­гъуэщIхэми. Апхуэдэуи къыхигъэщащ ди лъахэр Урысей къэра­лыгъуэм хэту зэрыриужьыр, абы папщIэ дызыхуэныкъуэ псори ­УФ-м къызэрытхуищIэр дигу ихун  зэрыхуэмейр. 
- Псори фызэрыщыгъуазэщи, мы илъэсми къыкIэлъыкIуэнухэми ди Iуэхур тыншу щытынукъым, къытхуагъэува экономикэ санкцэхэм тепщIыхьмэ, - къыпищащ адэкIэ КIуэкIуэ Казбек. - Президен­тым и унафэкIэ дэ ди къалэнщ ­социально-экономикэ щытыкIэ зэпIэзэрыт къызэдгъэпэщу, ди цIыху­хэр тхъумэныр. Абы и лъэ­ныкъуэкIэ федеральнэ центрым хэкIыпIэ куэд къигупсысащ, IэнатIэ псоми защIигъэкъуэну хьэ­зы­ру. Промышленностым, мэкъумэ­шым, ухуэныгъэм, туризмым, щIэ­ныгъэм, медицинэм, технологиещIэхэм, сату, цIыхухэм Iуэху­тхьэбзэ щыхуащIэ IэнатIэхэм зэ­ра­дэIэпыкъун мылъку хъарзыни къытхуаутIыпщынущ. Иджыпсту нэхъыщхьэр хамэ къэралхэм къы­щыщIагъэкIыу ди къэралым кърашэу щытахэр дыдейхэмкIэ зэ­хъуэкIынырщ. Дэри диIэщ абы хэтлъхьэни, а Iэмалыр и кIэм нэсу къэдгъэсэбэпын хуейщ. 
Къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ цIыхухэм я псэукIэр ящыгъэпсын­щIэныр, я хэхъуэм хэмыщIынымкIэ ядэIэпыкъуныр, лэжьыгъэ ­IэнатIэ етыныр. Абы папщIэ предприятэхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ защIэгъэкъуапхъэщ, щIэуэ къы­зэIузыхыну хуейхэм я дэфтэрхэр кIыхьлIыхь мыхъуу къахузэгъэ­пэ­щыпхъэщ. 
Сыт хуэдэ щытыкIэ гугъу ды­къихутами, зыхуэдгъэувыжауэ щы­та къалэн псори дгъэзэщIэн хуейщ. Республикэм щолэжь щIыналъэ проект 45-рэ лъэпкъ проект 11-рэ. Абыхэм папщIэ сом мелард 11,5-м щIигъу къытхуаутIыпщыну я мурадщ. Иджыри зэ жызоIэри, а пщэрылъхэм ящыщ зыри къызэ­теувыIэнукъым, мы илъэсхэр сыт хуэдэу гугъуу щытми. 
СанкцэхэмкIэ ящIэну зыхуейр гурыIуэгъуэщ, Урысейм и экономикэр къызэтрагъэщэхэну, псэу­кIэр ирагъэкIэкIуэну, цIыхухэр влас­тым пэщIагъэувэну, зэгу­ры­мыIуэныгъэ ди зэхуаку къыдалъхьэну я мураду аращ. Ауэ урысей жылагъуэм нобэ зэи къэмы­хъуауэ игъэлъагъуэ зэкъуэтыныгъэр лъэщщ, ар и щыхьэтщ УФ-ми Къэбэрдей-Балъкъэрми гугъу­ехьхэр къызэрызэранэкIыфынум. Абы папщIэ дэтхэнэми и пщэ къыдэхуэ къалэныр тэмэму зэ­фIигъэкIыу лэжьэн хуейуэ аращ. 
Шэч хэмылъу, мыхьэнэшхуэ яIэщ щIыпIэ самоуправленэхэм. Президентым къытхуигъэува къалэнхэм ящыщщ къулыкъу­щIапIэ псори зэIухауэ зэдэлэжьэн зэры­хуейр. Абы къегъэлъагъуэ муниципальнэ органхэм езыхэм я нэIэ щIэт щIыналъэм къыщы­мынэу, республикэпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэм щхьэкIи жэуап­лыныгъэ зэрахьыр. Фэрэ дэрэщ зэлъытар екIуэкI лэжьыгъэшхуэм дыщиIэну ехъулIэныгъэр, цIыху­хэр къытхуэарэзыуэ ди IэнатIэм дыпэ­рытыныр. Къэбэрдей-Балъкъэ­рым хъугъуэфIыгъуэу иIэр мащIэкъым, сыхуейщ абы и зэ­Iузэ­пэщыныгъэм, зыужьыныгъэм пап­ щIэ псори дызэгъусэу дызэ­дэлэжьэну. 
«Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и муниципальнэ щIына­лъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Пэнагуэ Максим уб­гъуауэ тепсэлъыхьащ зэгухьэныгъэр 2021 гъэм зэлэжьахэмрэ дяпэкIэ ящIэну я мурадхэмрэ. Абы къыхигъэщащ ассоциацэм къызэщIиубыдэ муниципальнэ щIы­налъэхэм я нэIэ щIэт щIы­пIэхэр зыхуей хуагъэзэныр я пщэ­рылъ нэхъыщхьэу зэрыщытыр, республикэм щекIуэкI сыт хуэдэ Iуэхуми жыджэру хэтын зэры­хуейр. 
- 2021 гъэм лэжьыгъэр зэре­кIуэкIам и гугъу пщIымэ, щIыпIэ самоуправленэхэр, узыншагъэр щахъумэ IуэхущIапIэхэр, волонтёрхэр зэкъуэту пандемием и ­лъэхъэнэм щытыкIэ зэпIэзэрыт къызэрагъэпэщыфащ, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным я зэ­- фIэкI халъхьащ. КъБР-м и гъэ­зэщIакIуэ къулыкъущIапIэхэмрэ щIыналъэ IуэхущIапIэхэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм тету, щIыналъэ бюджетхэм сом мелард 1,7-рэ хуаутIыпщащ, лъэпкъ проекти 8-мрэ щIыналъэ проектхэмрэ трагъэкIуэдэн папщIэ. ­Псори зэхэту къапщтэмэ, республикэм щагъэзэщIа лъэпкъ, щIыналъэ проектхэм федераль­нэ, щIыпIэ бюджетым къыхэкIыу сом меларди 8,4-рэ къыхуаутIыпщащ. Ар тэмэму зэрагъэзахуэу къызэрагъэсэбэпам къыпэкIуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр лъэпкъ проектхэр гъэзэ­щIэ­нымкIэ Урысейм щыпашэхэм зэрыхабжар. Псом хуэмыдэу ди Iуэхур нэхъ дэкIащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр», «Къалэр зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщын» лъэпкъ проектхэм. Зэрыщыту къапщтэмэ, нэгъабэ километри 116-рэ зыхуей хуагъэзащ, жылагъуэ зыгъэп­сэхупIэу 34-рэ, пщIантIэ кIуэцIу ­89-рэ, школхэр, сабий гъэсапIэхэр, щэнхабзэмкIэ унэхэр, ­физ­культурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэхэр, спорт пэшхэр, псы жапIэхэр куэду яу­хуащ. И чэзур къэмысу зэхуа­-щIащ цIыхухэр кхъахэ хъуа унэ­-хэм къыщIэгъэIэпхъукIыным ехьэ­лIа программэри. Абы ипкъ иткIэ, унэ 291-рэ ятащ, «ПсэупIэ» фе­деральнэ проектым и фIыгъэкIэ ухуэныгъэ метр зэбгъузэнатIэ мин 514-рэ ящIащ. 
Къэбгъэлъагъуэмэ, псэукIэм ­зегъэужьыным теухуа Iуэхур къызэгъэпэщауэ щокIуэкI республикэм. Муниципальнэ щIыналъэхэм зэрадэIэпыкъум папщIэ фIыщIэ яхуэфащэщ КIуэкIуэ ­Казбек, КъБР-м и Парламентым, Пра­вительствэм, министерст­вэ­хэм, ведомствэхэм, - жиIащ Пэнагуэм. 
ЦIыхухэр зыхуей хуэзэу псэу­-ным и мызакъуэу, республикэм и социально-экономикэ щытыкIэм зегъэужьынымкIэ мыхьэнэ ин зиIэхэм ящыщу Пэнагуэ Максим къыхигъэбелджылыкIащ мэкъу­мэш IэнатIэр. «Ди гуапэ зэрыхъущи, а IэнатIэм и Iуэху Iейкъым. ­Нэгъабэ абы къыщалэжьащ сом ­мелард 68,8-рэ и уасэ ерыскъы­хэкI. Псом хуэмыдэу иужьрей илъэсхэм бэгъуащ пхъэ­щхьэ­мыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ. Абы­хэм къат фейдэм нэмыщI, къуа­жэдэсхэр лэжьыгъэкIэ къызэры­зэригъэпэщыр щхьэпэщ. 2021 гъэм ерыскъы къыщIагъэкIыу ­къуажэхэм щылажьэхэм къаIэры­хьащ сом меларди 2,4-рэ. Ар сэбэп хъуащ зи щхьэ хьэрычэт хуэзыщIэхэм я Iуэхум нэхъри зрагъэубгъунымкIэ. 
Пэнагуэр тепсэлъыхьащ «Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я ­совет» зэгухьэныгъэм и уставым ит къалэнхэр зэрагъэзащIэм, щIыпIэ самоуправленэхэм зэра­дэ­лажьэм, къалэхэмрэ къуа­жэхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэ­пэщ­рэ илъэси 100 зэрырикъум зэрызыхуагъэхьэзырым, Урысейм Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэр ихъумэу, Украинэм и националистхэр игъэкIуэдыным, зауэм зэрызыхуагъэхьэзыра Iэ­щэхэмрэ техникэмрэ зэтрикъу­тэным теухуауэ иригъэкIуэкI Iуэ­хур зэрыдаIыгъым, нэгъуэщIхэ­-ми. 
АдэкIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIы­налъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм 2021 гъэм зэригъэкIуэкIа мылъкумрэ ар зытригъэкIуэдахэмрэ теухуауэ къэпсэлъащ къэпщытакIуэ комиссэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Селиховэ Ольгэ. Ассоциацэм хэтхэм ящыщу хэкIыжахэмрэ щIэуэ хагъэ­хьахэмрэ ятеухуауэ къэпсэлъащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэ­хэм я совет» зэгухьэныгъэм и гъэ­зэщIакIуэ унафэщI Маслов Николай. 
ЗэIущIэм щыхахащ зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэр, къэпщытакIуэ комиссэм хэтынухэр. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: