ЗэгъэзэхуэкIэм хуаущий

Илъэс къэс Урысейм щокIуэкI сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ ахъшэм и зэгъэзэхуэкIэм хуэгъэсэным теухуа Iуэхухэр. Абы хиубыдэу, Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ колледжым къыщызэрагъэпэщащ «ЩIэныгъэм и аукцион» зыфIаща зэ­пеуэр.

2021 гъэм а зэпеуэм и жэрдэмщIакIуэхэм грант къратащ. ДжэгукIэ Iэмалыр къагъэсэбэпурэ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ ахъшэр зищIысыр ирагъащIэ. Интернат зыбжанэм щрагъэкIуэкIащ абы хухэха дерс зэIухахэмрэ тренингхэмрэ. 
- Проектым мыхьэнэ иIэу къыдолъытэ щIэблэм сомыр зэрагъэзэхуэфу, хабзэм темыкIыу къагъэсэбэпыфу гъэсэнымкIэ. Аращ мы IуэхумкIэ ди мурадыр, - жиIащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и деж щыIэ щIалэгъуалэ советым хэт, экономикэ щIэныгъэхэм и кандидат Тау Стеллэ.
Зэпеуэм щытекIуахэм иратащ проектым и дамыгъэ бжьэр зи теплъэ статуэткэр. 
Мы Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм я дэIэпыкъуэгъущ «Урысей щIалэгъуалэ» зэгухьэныгъэр, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм  деж щыIэ щIалэгъуалэ советыр, Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ колледжыр, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэр, «Ппэгъунэгъум дэIэпыкъу» жылагъуэ зэгухьэныгъэр.  
 

НафIэдз Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: