Куэдрэ щыпсэу щIыпIэхэр

ЦIыхухэр нэхъыбэ дыдэрэ щыпсэу щIы­пIэхэм хабжащ Кавказ Ищхъэрэ федераль­нэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгуиплI. Илъэс етIуанэ хъуауэ урысей рейтингым япэ увыпIэр щеубыд Ингуш Республикэм. 

Нэхъыбэрэ псэухэм я ныбжьыр ику иту 2021 гъэм илъэс 80-м щIигъуауэ къехь Росстатым. УФ-м пашэ щыхъуа хэгъэгуитхум я етIуа­нэщ Дагъыстэныр (76), ещанэр Москващ (74), Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэр­джэ­сымрэ дызэхуэдэу жыпIэ хъунущ (73). 
Кавказ Ищхъэрэм цIыхухэр ику иту зэ­рыщыпсэур нэхъыбэщ Урысейм и адрей хэгъэгухэм нэхърэ. Пэжщ, ди жагъуэ зэрыхъущи, пандемием щыщIидза илъэсым процент 1,05-рэ кIэрыхуащ цIыхухэр зэрыпсэу илъэс бжыгъэу къагъэлъагъуэм. 
Зэрыщыту къапщтэмэ, цIыхур зэрыпсэу илъэс бжыгъэр щынэхъ мащIэр КъуэкIыпIэ Жыжьэ федеральнэ щIыналъэрщ - абы къыщагъэлъагъуэр илъэс 68-м зэрыщIигъу щыIэкъым. ЦIыхум къигъащIэ илъэсхэм я куэдагъыр зэлъытауэ къабжыр зыкъом мэхъу – и щыIэкIэ-псэукIэм, щIыуэпсым. 
Узыншагъэм и гугъу пщIымэ, ар щынэхъ ­лъагэ щIыналъипщIым ящыщщ КИФЩI-м и хэгъэгухэри. ИрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, цIыху узыншэ нэхъыбэ дыдэ щыпсэур Шэшэнращ, республикэм исым и процент 92,2-м я узыншагъэм щхьэкIэ гуныкъуэгъуэ яIэкъым. Абы къыкIэ­лъыкIуэр ингушхэрщ, зэупщIахэм я процент 88,9-р узыншэщ. Урысейм ебланэ увыпIэ щызыубыдар Дагъыстэнырщ (64,1), ебгъуанэр Къэрэшей-Шэрджэсырщ (62,2). 
Зи узыншагъэм игъэтхьэусыхэ нэхъыбэ щыпсэууэ къалъытар Марий Элщ. Сымаджэхэм я бжыгъэр процент 16-м щIегъу. КъэпщытакIуэхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм ипкъ иткIэ, зи узыншагъэ ныкъусаныгъэ иIэхэм я бжыгъэр проценти 7,8-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ. 
Пандемием и япэ илъэсыр блэкIыу, цIыхухэм нэхъ зыкъащIэж хъуа нэужь, я узыншагъэри ефIэкIуащ. зэман дэкIри, я щхьэмрэ я уна­гъуэмрэ щхьэкIэ зыхэта гужьеигъуэри ящ­хьэщыкIри, я гур псэхужащ. ДяпэкIэ щытыкIэр нэхъ зэпIэзэрыт хъужыну хуагъэфащэ. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: