Дахагъэм и пщалъэхэр

Дахагъэм лъэпкъ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэр зэхуэдэу еплъыркъым. Псалъэм папщIэ, Па­сэрей Индием бзылъхугъэр зэрыдахэр жаIэну хуеймэ, абы и куэр пылым ейм ирагъэщхьынут. Ижь-ижьыж зэманым япон цIыхубзхэм я дзэхэр фIыцIабзэу ялэрт, дахэу загъэлъэгъуэныр я гуращэу. 

КъищынэмыщIауэ, куэд щыгъуазэщ Африкэм щыпсэу падаунг лъэпкъым я бзылъхугъэхэр дахагъэм и пщалъэм нэсыным хущIэкъуу, я пщэр храгъэшыу къызэрыгъуэгурыкIуэр. Абы щхьэкIэ хъыджэбз цIыкIур илъэситху щыхъуам къыщы­щIэдзауэ жэзым къыхэщIыкIа гъущI уэрдыхъу чэзууэрэ и пщэм фIалъхьэурэ дэкIуэхункIэ иралъхьэрт - и пщэр нэхъ кIыхьыхукIэ нэхъ дахэу ялъы­тэрт. Китайм дахагъэу щабжырт лъакъуэ цIыкIухэр. Абы къы­хэкIыу цIыхубз­хэм пхъэ вакъэ щатIагъэрт, я лъапэхэр хэмы­хъуэу къэнэн папщIэ…
Апхуэдэ дыдэу адыгэхэми ­къадекIуэкIыу щытащ зы хабзэ. Шэрджэс бзылъхугъэхэр зэкIужу, бгы псыгъуэу щытын хуейти, лIэщIыгъуитI-щы хуэдизкIэ узэ­IэбэкIыжмэ, хъыджэбз цIы­кIу­хэм илъэсипщI-пщIыкIутIым щитым куэншыбэ щрагъэтIагъэу щытащ. Куэншыбэм хъы­джэбз цIыкIум и Iэпкълъэпкъыр - и бгым къыщыщIэдзауэ и шхулъэхэм нэс - быдэу зэщIикъу­зэрт. Абы бгыр псыгъуэ, шхужьхэр лъагэ ищIырт, хъы­джэбз цIыкIум и бгъэхэр къигъэкIыртэкъым. Адыгэхэм хъы­джэбз дахэ зыфIащу щытам дежкIэ иужьрейм мыхьэнэшхуэ иратырт - уи нэ къыфIэнэ хъунутэкъым. Апхуэдэуи хъыджэбзым IэкIуэцIыр и бгыу щытын х­уейти, япэ дыдэу куэншыбэ щыщатIагъэм деж хъыджэбзым и Iэпщэр Iэпхъуамбэшхуэм­рэ IэпхъуамбапщэмрэкIэ къапщырт. Ар тыншу къекIуэкIмэ, хъы­джэбз цIыкIум и пщэм апхуэдитI и гъумагъын хуейуэ ялъытэрт. Ауэ нэхъыщхьэр абы и бгым и гъумагъыр арат. Хъыджэбз цIыкIум и бгым и ­гъумагъ хъунур къащIэн щхьэ­кIэ, Iэпщэр къызэрапща Iэбжьэр Iуданэм традзэрти, апхуэдиплI къыпачырт. Арат хъы­джэб­зым и бгым и гъумагъын хуейр: е езы хъыджэбз цIыкIум и Iэпщэм и гъумагъым хуэдизу плIы, е и пщэм и гъумагъым хуэ­дэу тIу. Нэхъ гъэщIэгъуэныжрати, а пщалъэм темыхуэу нэхъы­бэу къыщIэкIмэ, гъур зищIын ­хуей хъурт: дагъэ зыщIэлъ шхын имышхыу е пIалъэкIэ зыри ­ира­мыгъэшхыххэу. Куэншыбэр къы­зыхащIыкIыр бжэныфэм пIа­щIэу къыхагъэж лъахъс­тэ­нырт.
Пётр Езанэм къызэригъэпэщауэ щыта япэ къэрал музейм (Санкт-Петербург дэт Эрмитажым) зыщыщыбгъэгъуазэ ­хъунущ зэрахьэу щыта куэн­шыбэхэм ящыщитIым. Ахэр адыгэхэм я деж къыщащэхуауэ щытащ XIX лIэщIыгъуэм и кIэм XX-м и пэщIэдзэхэм. Абыхэм тепщIыхьмэ, адыгэ бзылъхугъэм и бгым и псыгъуагъыр сантиметр 48 - 52 хъункIэ хъунурат.
Адыгэхэм зэрахьэу щыта куэншыбэм XVII лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ XIX лIэщIы­гъуэм нэс куэд тетхыхьащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, адыгэхэм я псэукIэм, дуней тетыкIэм, я теплъэм зыплъыхьакIуэхэр ятхьэкъуу зэпымыууэ щытащ. Псом хуэмыдэу, шэрджэс бзылъхугъэм и дахагъэр дуней псом хэIущIыIу щыхъуат.
Дахагъэу къалъытэм хущIэ­къуу, апхуэдэ мардэ ткIийхэр лъэпкъхэм къызэрагъэсэбэпыр къезэгърэт жыпIэмэ, абы и жэ­уапыр нобэ ептыну гугъу хъуну къыщIэкIынщ. Къапщтэмэ, языныкъуэ хабзэхэр тхыдэм щыщу къанэми, зэманым зыри щыгъупщэркъым - ар хьэпшып ирехъу, цIыхум къигъэщIэ­рэщIэж зэпыту йокIуэкI. Пэжщ, иджы нэхъ зиужьауэ, нэхъ ефIэкIуауэ. Зи гугъу тщIы куэншыбэ дыдэр ди зэманми хэтщ, бзылъхугъэхэм я дахагъэр нэхъ къыхагъэщын щхьэкIэ тIэкIу нэгъуэщIу къагъэсэбэп хъуами. Апхуэдэуи дунейпсо модэм хэтхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, мы гъэм къежьэжынущ алътесым, хъарым, фэм къыхэщIыкIа куэншыбэхэр. Ауэ иджы абыхэм бгыр щIакъузэн ­хуейуэ аракъым, щыгъын гъэдахэу, и щIыIум къытралъхьэну аращ. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: