Псэм щыщIэр наIуэ къэзыщIыфырКъэралым и къалащхьэ Москва иджыблагъэ къыщыдэкIащ ди лъахэгъу адыгэ щIэныгъэлI, бзэм и философ, филологие щIэныгъэхэм я доктор Семэн Iэмырхъан ТIутIэ и къуэм и къалэмыпэм къыпыкIа «Ecce homo, или Жизнь вопреки» тхылъ гъэщIэгъуэныр. «Scripta manent» тхылъ тедзапIэм щытрадза, зи купщIэкIэ усыгъэ-философие жыпхъэм ит къыдэкIыгъуэр экземпляр мин хъууэ дунейм къытехьащ. Абы щызэхуэхьэсащ гъащIэм и зэхэлъыкIэхэм ятеухуауэ еджагъэшхуэм иIэ гупсысэхэр зи лъабжьэ жыIэгъуэхэр, усэ кIэщI зэмылIэужьыгъуэхэр. Тхылъым и пэублэм Iэмырхъан зэрыщыжиIэмкIэ, Тхьэм къыхуиуха гъащIэ пэжыр и гъуэгугъэлъагъуэу, и напэм емыцIыжу къикIуным хуэзыгъэса и адэ-анэм, зи фэеплъ нэхур игу лъащIэм ноби сакъыу щихъумэ а нэхъыжьыфIхэм, бын пэжым хуищI тыхьщ ар. «И нэгу щIэкI псоми си псэм лъэкIкъым пэмыджэжу: КIыфIыгъи нэхуи, фIыи бзаджи – зы зэхимыгъэжу», - жызыIэ усакIуэ-философыр бгъэдэлъ и гупсысэхэмрэ и дуней еплъыкIэхэмкIэ куэдым къащхьэщыкI, гъащIэм къыпигъэтIылъ лъэпощхьэпохэм къапимыкIуэт цIыху гумызагъэу, пэрыту, пэжым и лъыхъуакIуэ нэсу зэрыщытыр къыумыщIэнкIэ Iэмал зимыIэщ. И тхылъым тет «псори зылъагъу нэм» хуэдэу, Семэныр хущIокъу гъащIэм куууэ икIи набдзэгубдзаплъэу кIуэцIрыплъыну. «Тхар къонэ» (латиныбзэкIэ scripta manent) жыIэгъуэм тету, Iэмырхъан хуейщ акъыл куум къигъэщI и гупсысэ шэщIахэмкIи цIыхухэм ядэгуэшэну. Аращ абы щIыжиIэр: «Псалъэращ псэм щыщIэр наIуэ къэзыщIыфыр, Ауэ щыхъукIэ, тхылъкIэ сыкъращIэ сызыхуэдэ цIыхур».
Поделиться:
Читать также:
18.04.2024 - 17:15 →
ХьэщIэщхэмрэ хьэщIэхэмрэ
18.04.2024 - 14:10 →
Ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэр
18.04.2024 - 09:58 →
Зэману дахэ, сумыгъэпIащIэ…
17.04.2024 - 18:00 →
Мошенники звонят от имени Центробанка. Как их вычислить?
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
|