КъегъэлакIуэхэм зыгъэсэныгъэхэр ирагъэкIуэкI

Налшык дэт «Гидрометаллург» заводым щекIуэ­кIащ мафIэсым пэщIэтыным теухуа зыгъэсэныгъэхэр. Гулъытэ хэха хуащIащ шынагъуэ зыпылъ ­химие пкъыгъуэхэр икIутмэ, абыхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымрэ щIыдагъэхэкIхэм мафIэ щIэ­нэмэ, гъэункIыфIынымрэ. 

Заводыр ящыщщ щытыкIэ шынагъуэ къэзышэнкIэ хъуну объектхэм икIи апхуэдэ къэмыхъун папщIэ илъэс къэс зыгъэсэныгъэхэр къызэрагъэпэщ. Апхуэдэхэм деж наIуэ къохъу къегъэлакIуэхэр, IуэхущIапIэм и администрацэмрэ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм къикIынымкIэ IэнатIэхэмрэ зэгъэуIуауэ зэрызэдэлэжьэфынур.
Зыгъэсэныгъэхэр зытеухуар мырат: кубометри 100 зэрыхуэ кумбыгъэм къижри, солянэ кислотар метр зэбгъузэнатIэ 90 къызэщIиубыдэу щIым телъэда хуэдэт. Абы къыдэкIуэу щIыщIагъым иIэ мазутI хъумапIэхэм ящыщ зыми мафIэс къыщыхъуащ. Абыи метр зэбгъузэнатIи 150-рэ зэщIиубыда хуэдэт. ЩытыкIэ гугъум къикIыным хуэунэтIа Iуэхум цIыху 55-рэ хэтащ, техникэу 10 къыщагъэсэбэпащ. 
- Мыпхуэдэ зыгъэсэныгъэхэм я фIыгъэкIэ гупыр нэхъри хуэхьэзыр мэхъу шынагъуэ зыпылъ химие пкъы­гъуэхэр здэщыIэ объектым шынагъуэншагъэр къы­щызэгъэпэщыным. ЩытыкIэ гугъум тэмэму дыкъикIащ, ди къалэнхэр нэсу дгъэзэщIащ, - жиIащ зыгъэсэныгъэхэр зи нэIэм щIэта, щIыналъэ МЧС-м мафIэсыр гъэункIыфIынымрэ аварие-къегъэлыныгъэ лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIынымкIэ и управленэм и уна­фэщI Къэгъэзэж Анзор. 

 

Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: