И зэхуэдитIыр къытрахыжащ

Урысей МВД-м и къудамэу Май районым щыIэм 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 3-м зыхуигъэзащ Май къалэм дэт ООО-м и унафэщI, илъэс 58-рэ хъу налшыкдэсым. ЦIыхухъум зэрыжиIамкIэ, блэкIа жэщым, дыгъуакIуэм чырбыш блыныр зэтрихщ, IуэхущIапIэм и лъэщапIэм щIыхьэри, гъуаплъэ кIапсэрэ бжыгъэрылъанэ видеорегистраторымрэ щIихащ. ФIадыгъуар сом I25000-рэ и уасэщ.
Хабзэхъумэхэм зы жэщ-махуэм къриубыдэу яубыдащ шэч зыхуащIыр. Ар нэхъапэми суд зытращIыхьа, илъэс 24-рэ зи ныбжь майдэсырщ. Абы и псэупIэр къыщащым къагъуэтыжащ видеорегистраторыр зэрылъамрэ электрокIапсэхэмрэ.
Шэч зыхуащIым теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и Уголовнэ кодексым и I58-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм и «б» пунктым ипкъ иткIэ.

 

Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу