IэщIагъэ лей щыIэкъым

ГъащIэм щигъэува мурадхэм гушхуэныгъэ хэлъу хуэкIуэ цIыхум елъагъу нэгъуэщIым гу зылъимытэнкIэ хъуну дахэ куэд. Ар хуэарэзыщ гъащIэм, еджэну, лэжьэну, хъуэпсэну, зиужьыну къызэригъэщIамкIэ. Апхуэдэ гупсысэхэм сыхуишащ псэлъэгъу схуэхъуа Машэжь Дианэ.

- Дианэ, уи IэщIагъэмкIэ къыщIэдгъадзэт…
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и социально-гуманитар къудамэм «туризм» унэтIыныгъэм сыщыхуеджащ, дизайнымкIэ колледжыр щыгъын теплъэ къэгупсысыныр си IэщIагъэу къэзухащ. Студенту лэжьэн щIэздзащ испан туристхэр зэрыс кхъухьым и гиду. Къэрал куэдым сыщыIащ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я цIыхухэр нэIуасэ къысхуэхъуащ. Дунейр зэбгъэлъагъухукIэ, зэпымыууэ щIэ гуэр къызэIубох, уолъагъу абы и телъыджагъыр, цIыхухэр зэрызэмыщхьыр. Абы си гур егъэжан, хуит, насыпыфIэ сещI. Егъэлеяуэ сигу ирохь Франс Анатоль и псалъэ Iущхэр: «Нэгузыужь зекIуэрщ псом нэхърэ нэхъыбэ къозытыр. Языныкъуэхэм деж нэгъуэщI щIыпIэ щыбгъэкIуа махуэ закъуэм нэхъыбэ къущит щыIэщ, илъэсипщI гъащIэм нэхърэ». Ар икIи пэжщ. ДизайнымкIэ колледжым сыщIыщIэтIысхьами иIэщ щхьэусыгъуэ: сызэрысабийрэ щыгъын дахэхэр сфIэфIщ, сурэт щIынми сыдехьэх. Сурэту сщIырт си нэм къыфIэнэу хъуар: школым щыдджа биологие тхылъым ит псэущхьэхэр, журнал зэхуэмыдэхэм ит цIыхухэр, щыгъынхэр. Зыгуэр здыну, зэрысхъэну сфIэфIт. Абы сыхуигъэсащ си анэшхуэ Мэкъуауэ Гадискэ. Ар бзылъхугъэ екIуу, модэм тету зихуэпэну фIэфIу щытащ. Езым идыжырт фэилъхьэгъуэ дахэхэр. Хуемыджа пэтми, тынш дыдэу эскизхэр ищIырти, сыт хуэдэ бостейри идыфырт. Си анэ Тамарэрэ си анэ шыпхъу Лидэрэ щыхъыджэбздэсхэм щыгъуэ псори къехъуапсэу ящыгъ бостейхэр яхуэзыдыр си анэшхуэрат. Сэ куэдым сыхуигъэсащ абы: дэным, хэдыкIыным, цы зэрыхъэным. Анэшхуэм жиIэрейт: лэжьыгъэр нэщIысауэ щытыпхъэщ. Сэри ар сигу изубыдащ. Си гум илъщ и чэнджэщхэр, сыт щыгъуи фIыщIэ хузощI.
- ЕджапIэ нэужьым лэжьыгъэ пхуэхъуар сыт?
- Сэ зыбжанэрэ схъуэжащ си лэжьыгъэр. Япэу модэмкIэ къыщIэздзащ, сурэт щIынри зэпызгъэуакъым. Модэм теухуа журналхэмрэ газетхэмрэ папщIэ статьяхэр стхырт. ИужькIэ сурэт техынми сыдихьэхащ. Модэ гъэлъэгъуэныгъэхэм, мастер-классхэм сурэттехыу сыщылэжьащ. Сигу ирихьырт модельер цIэрыIуэ Кристиан Диор, сурэтыщI Iэзэ, режиссёр Хамдамов Рустам сымэ я эскизхэр. А зэманым ирихьэлIэу зэзгъэцIыхуауэ щытащ сурэтыщI Аккизовэ Имарэ, сыхэтащ абы и Art‘s cool проектым. Республикэм и сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я мастер-класс гъэлъэгъуэныгъэр япэу екIуэкIыу арат. Ди япэ гъэлъэгъуэныгъэм «Окна» фIэтщат, етIуанэм - «Зазеркалье». КъБР-м СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музейр ди гур щыхэхъуэ унэт. Имарэ тхуэхъуащ гъэсакIуи уи гупсысэр зэпхьэлIэн ныбжьэгъуи.
Мы зэманым сыщолажьэ «Баксан» газетым. Сыжурналистщ икIи сыкорректорщ. «Кино», «Мода», «Культура» рубрикэхэм щIэтхэр согъэхьэзыр. Егъэлеяуэ си гуапэщ си тхыгъэхэм я щытхъу зэхэсхыну. Уи лэжьыгъэр зыгуэрым игу дыхьэн нэхърэ нэхъыфI щыIэ!
Антуан де Сент-Экзюпери и «Цитадель»-м хэтщ мыпхуэдэу: «Насыпым упэплъэу ущысмэ, уздэкIуэну лъэныкъуэр къыпхуэмыщIэу уежьэнущ. Ауэ уи Iэр умыгъэувыIэу улажьэмэ, зыгуэр къэбгъэщIмэ, насыпыр езыр къоуэлIэнущ». Сэ абы арэзы сытохъуэ.
- Журналистым и хьэл-щэным нэхъыщхьэу хэлъын хуейр сыт?
- Журналистым нэхъыщхьэу хэлъын хуей хьэлыр - пэжыгъэрщ. И щхьи щIэджыкIакIуэри къигъапцIэ хъунукъым. Пэжым и телъхьэу къэувыфын хуейщ сытым дежи, языныкъуэхэм деж ар егъэлеяуэ гугъуми...
- Сурэту пщIыну сыт нэхъ удэзыхьэхыр? СурэтыщI Iэзэхэм хэт сымэ къахэбгъэщыр?
- Сыту сфIэфI цIыхухэм я сурэт сщIыну! Уеблэмэ куэд щIауэ сцIыхум и теплъэр щысщIкIэ, абы нэхъапэм дэзмылъэгъуа куэдым гу лъызотэ. Абы сыт хуэдэу сыщыгуфIыкIрэ! СурэтыщI цIэрыIуэхэм ящыщу си гум дохьэ Хамдамов Рустам, Климт Густав, Врубель Михаил, Моне Клод, Ван Гог Винсент, аниматор Петров Александр сымэ я хъэтIыр. Куржы сурэтыщIхэм къахэзгъэщынт Параджанов Сергей, Пиросмани Нико, Гудиашвили Ладо сымэ. Мыбыхэм псоми сыхуагъасэ сурэтыщIым и гур зэIухауэ щытын зэрыхуейм.
- Сабиигъуэм балигъынэкIэ ириплъэжи…
- Параджанов Сергей зэрыжиIащи, «сэ дунейр сабиигъуэм и бжэщхьэIум сытетущ зэрыслъагъур». Си сабиигъуэр дахэт, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэнщIат. Дэ зэшыпхъуищрэ зы дэлъхурэ дохъури, ди благъэхэм я сабийхэри гъунэгъухэри къытхыхьэжырти, куэд зэIутщэрт. Си гум IэфIу илъщ школым щызгъэкIуа илъэсхэри. Урыс литературэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, сурэт щIынымкIэ дерсхэр сфIэфIт. ВолейболымкIэ ди школ командэм сыхэтт. Олимпиадэхэм, зэпеуэхэм зэпымыууэ сагъакIуэрт. Сыкъэфэни сфIэфIт - иджыри Iэмал згъуэтмэ блэзгъэкIыркъым.
- ГъащIэм къыщыбгъэсэбэп хабзэ щхьэхуэ гуэр уиIэ?
- ПсэкIэ си гъунэгъущ Ошо и псалъэхэр: «ГъащIэр кIэщIщ, насыпыфIэу псэуным фыхущIэкъу». Абы дыщIызогъуж: Лъагъуныгъэ фигу ивгъэлъ - аращ цIыхур къызыхуигъэщIар.

Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.
Поделиться: