УпщIэ пыIэ щIыным хуэIэзэу щыта

ГукъэкIыжхэр

Лъэпкъыу щыIэм зыхуэпэкIэкIэ къахэщу сыт щыгъуи щытащ адыгэхэр. ЦIыхубзым и дахагъ псори гукъинэж ищIырт адыгэ фащэм - пщыгъыну тыншт, уеплъыну дахэт, дэнэ утыкуи урихьэ хъурт, сыт хуэдэ зэманми екIурт.

ЦIыхухъу фащэри апхуэдэт. Абы хыхьэ щыгъыныгъуэ псори зепхьэну тыншт - Iуэху зэращIэр щхьэхуэт, цIыхум зэрахыхьэр нэгъуэщIт, ауэ псори зэщхьу фIыт. Нобэми ямыгъэкIуэдыжауэ ди нэхъыжьыфIхэм щIэблэ къащIэхъуэм ирагъэщIэжурэ ди зэманым къахьэсащ фэилъхьэгъуэ куэд. Апхуэдэщ дуней псом щыцIэрыIуэ адыгэ цейр, дыжьын хьэзыркIэ гъэщIэрэщIар, щIакIуэр, пыIэр, хъыдан, лъахъстэн вакъэхэр…

ЩIэупщIэшхуэ яIэт хьэщIапIэ, хьэгъуэлIыгъуэ хуэдэхэм щIалэгъуалэм нэхъ щатIагъэу, хуабэу кърахьэкIыу щыта кIагуэ дытам, нэхъ зи гугъу сщIыну си мурад упщIэ пыIэм.

Илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ траха сурэтхэм уеплъмэ, адыгэлIхэм ящыгъыу плъагъур цейр, адыгэ пыIэр, упщIэ пыIэр аращ. ФIыщIэшхуэ яхуэфащэщ а фащэхэмрэ щыгъынхэмрэ ямыгъэкIуэдыжу ди зэманым къэзыхьэса ди цIыхубз нэхъыжьыфIхэм, ар зыщIу щытахэм.

Кавказ Ищхъэрэм Совет власть щыгъэувыным хэлIыфIыхьа, парт, къэрал Iуэху зезыхьэ лэжьакIуэу щыта Къатхъэн Назир зымыцIыху ди щIыналъэм ису щытауэ къыщIэкIынкъым. Къэбэрдейм и лIыкIуэу Мэзкуу щыщыIа зэманым, цей екIум къамэр кIэрылъу, адыгэ пыIэр щхьэрыгъыу дэни кIуэуэ щытауэ жаIэж. А лIы цIэрыIуэм ди лъэпкъыр зэрыдахэр, зэрыхахуэр, зэрыуардэр ди фащэмкIэ игъэлъагъуэрт, и напщIэм телът, иригушхуэрт.

Цейр, щIакIуэр, бащлъыкъыр, пыIэр щIымахуэ щыгъынт, джэлэфеймрэ упщIэ пыIэмрэ гъэмахуэм щатIагъэрт. УпщIэ пыIэм и гугъу пщIымэ, ар нэхъыщхьэхэм хабжэрт, сыту жыпIэмэ, къуажэдэс псори (цIыхубзхэри яхэту) гъэмахуэ цIывыгъуэм губгъуэм итт, лэжьыгъэ псори IэкIэ зэфIагъэкIыу. УпщIэ пыIэ пщхьэрымыгъыу дакъикъэ бжыгъэт дыгъэм узэрыхэтыфынури, лэжьыгъэр къызэпыуда хъурт. УпщIэ пыIэ зимыIэхэр (апхуэдэхэри щыIэт) нэхъ гугъу ехьырт. Куэдрэ къэхъурт дыгъэр я щхьэм щеуэ.

ЦIыхубз куэдым упщIэ пыIэ ящIыну зрапщытырт, ауэ тэмэму зэрахуэмыщIым къыхэкIыу IэщIыб ящIыжырт. Ар пщIыфын щхьэкIэ япэщIыкIэ цейри нэгъуэщIхэми уесауэ щытын хуейт. Апхуэдэу щыIэхэр зырызыххэт.

Сэ илъэс 85-рэ сохъури, ди республикэм упщIэ пыIэ нэхъ дахэу зыщIу (щIакIуэ, цей, бащлъыкъ хуэдэхэри хэтыжу) зи цIэр япэ къраIуэу щытауэ сэ сщIэжыр ди анэ Нанущ (и ахърэтыр дахэ хъуауэ Алыхьым къыщIигъэкI).

Мы дунейм теттэкъым ди анэр зыхэмызагъэрэ имыщIыфрэ: лъэпэд, Iэлъэ, цыхъар, IэлъэщI хуабэ, пщэдэлъ хуэдэхэр. Абы арджэн, лъей хуабэхэмкIэщ къызэрыщIидзар, иужькIэ нэхъ щIэупщIэ зиIэхэр ищIу хуежьащ. И анэ Къэнэху упщIэ гъэпцIэным, цым елэжьыным нэхъ хуэIэзэу щытахэм ящыщт, бащлъыкъхэмрэ щIакIуэхэмрэ щIынымкIэ зыри къытекIуэртэкъым. И ныбжьыр нэхъ щыхэкIуатэм, упщIэ пыIэ щIыным зритыжауэ щытащ икIи псэухукIэ а лэжьыгъэр IэщIыб ищIакъым.

Куэдым ямыщIэжынкIэ хъунщ, ауэ нэхъ жыжьэIуэ уIэбэжмэ, ди республикэм щыпсэухэм я нэхъыбапIэр щэхуакIуэ здэкIуэу щытар Бахъсэн щыIа бэзэрырщ. Нану и IэдакъэщIэкIхэр ищэну здишэр арат. Здишэр жысIэ щхьэкIэ, ар бэзэрым щынэсыр зэзэмызэххэт, дыздэкIуэм дынэмысу псори гъуэгум щащэхуу къыщыдгъэзэжыр нэхъыбэт.

IуэхукIэ Налшык сыздишамэ, уэрамым упщIэ пыIэ ящхьэрыгъыу ирикIуэхэм яхэплъэрти, жиIэрт: «Мо щIалэм щхьэрыгъыр сэ сщIа пыIэщ» - и IэдакъэщIэкI псори къицIыхужырт.

УпщIэ пыIэр зэрищIу Нану куэд иIэтэкъым: пыIэ къупхъэ, чий щабэ, къамылым къыхэщIыкIауэ, ди адэм хуищIауэ цыпх, цыр щабэу зэраудэ шабзэкъу, илъэсищэм нэблэгъауэ жыпIэну зэрыдэ зы машинэжь.

Нану щыжейр къысхуэщIэртэкъым - упщIэ пыIэ ищIу сыгъуэлъыжырт, пщэдджыжьым сыкъэтэджамэ, агуэрыжьу къупхъэм упщIэ пыIэр трикъуэу е машинэкIэ уагъэр къидыхьу бгъэдэст.

Сыт упщIэ пыIэ пщIыным хэлъыр, ар цейкъым, е щIакIуэкъым жызыIэн щыIэнкIэ хъунщ. Хэт жиIэми щоуэ. Ар екIуу, дахэу пщIыным куэд хэлът. Арыншамэ гугъуехьыр псыхэкIуадэ хъурт.

ЗэрищIу щытар мыпхуэдэут. Мэлыфэр тIэу-щэ ижьыщIырт, уэс чэсейм хуэдэу хужь хъуа иужькIэ игъэгъущыжырт. Къытрича цыр цыпхым дигъэкIырт, шабзэкъумкIэ щабабзэ ищIыжырт. АдэкIэ, ищIынум и инагъым теухуауэ, тхылъымпIэ Iувым къыхигъэжырти, пIащIабзэу, зэхуэдэу шийм тригуашэрт. Зэ-тIэу фIэкIа темыIэбэу хъуарэ мыхъуарэ, Iувагъ зыхуейр игъуэтамэ IэгукIэ къищIэрт, щыхуэмыарэзы зэзэмызэм деж къиIэтырти, укъуэдияуэ кIэщIэплъэурэ зэхуэмыдэхэр зэгущ ищIыжырт. ИужькIэ хъы шийм кIуэцIигъэджэразэрти, зэман куэдкIэ игъапцIэрт. КъыкIэлъыкIуэри нэхъ тынштэкъым, дахэ хъунуми, тынш хъунуми арат зэлъытар. ИщIар къупхъэм трикъуэурэ зыхуей теплъэм иригъэхьэрт. Псори зэфIэкIа иужькIэ, и гъунэр чэсейфэху хужьыбзэкIэ къидыхьыжырт. Сабийхэмрэ цIыхубзхэмрэ щхьэкIэ ищIхэм нэхъ елIалIэрт, дахэу уагъэкIэ игъэщIэращIэрт.

Нану и IэдакъэщIэкIхэр ищэ къудей мыхъуу, абыхэмкIэ куэдым яхуэупсэрт. Псом хуэмыдэу цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ. Езыхэми пщIэ къыхуащIырт, фIыуэ къалъагъурт.

А къезбжэкIахэм я закъуэтэкъым ди анэр зыхуэIэзэр. Абыхэм нэхърэ нэхъ лэжьыгъэ щхьэпэж и пщэ дэлът ди анэм, псом хуэмыдэу жэщкIэ. Хьэблэ дэнэ къэна, Ислъэмей къуажэм а зэманым зы сабий къыдэхъуауэ си фIэщ хъуркъым абы зи бынжэ пимыупщIа - акушеркэт.

Мы зэманым упщIэ пыIэ мыбы ещIыф жаIэу зы адыгэ цIыхубз и цIэ къраIуэу зэхэсхакъым, зырызыххэщ зыщхьэрыгъыу слъагъухэри. Дэ зэи тщыгъупщэ хъунукъым нэхъ пасэу къалъхуахэр дапIын, дызыхуей дыхуагъэзэн папщIэ ди адэ-анэхэм ящIэфар, ялэжьар. Абыхэм я фэеплъ мыкIуэдыжынхэр аращ бынхэр зыщIэпIыкIын хуейри.

КЪАРДЭН Мухьэмэд. Бахъсэн щIыналъэ, Ислъэмей къуажэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу