Гъатхэм и джакIуэ

Абазэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ пцIащхъуэр фIыуэ ялъагъу. Абыхэм я IуэрыIуатэм ар цIыхухэм я къегъэлакIуэу къыхощ. А къуалэбзум иухуэ абгъуэм зи зэран екIым, нэхъ Iеижыращи, ар зэтезыкъутэм гуэныхьышхуэ къихьу ябж. Унэм пцIащхъуэ щIэлъэтамэ, ар зей унагъуэм дежкIэ насыпышхуэу къалъытэрт. А бзу лъагъугъуафIэр гугъу езыгъэхьыр цIыху мыхъумыщIэу ябжырт.    

Зи гугъу тщIы абазэхэм яIэщ пцIащхъуэм теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн. Пасэ зэманхэм, щхьибл зыпыт благъуэм мурад ищIат, жаIэ, дунейм тет псэущхьэхэм ящыщу хэт и лыр нэхъ IэфI дыдэми зэхигъэкIыну. Ар зригъэщIэн папщIэ, хьэщхьэвылъэжьым и Iумэтым щIэт хьэкIэкхъуэкIэхэр, къуалэбзухэр, гъудэ-бадзэ хуэдэхэр щIым и лъэныкъуэ псомкIи щызэбриутIыпщыкIащ. Абыхэм яхэтын хуей хъуат ди пцIащхъуэ цIыкIури.

Къуалэбзу лъагъугъуафIэм Iэгъуэблагъэр къыщызэхилъэтыхьым, ар зы щIыпIэ гуэрым деж блэм щыIууащ. Иужьрейр епIэщIэкIырт дунейм псэущхьэу тетхэм ящыщу цIыхум и лыр зэрынэхъ IэфI дыдэм и хъыбарыр благъуэм деж нигъэсыжыну. КъыжриIам шэч къытрихьа хуэдэ зищIри, пцIащхъуэр блэм елъэIуащ къиIуатэм и пэжыпIэр зэрызэхигъэкIа и бзэгум Iуигъэплъэну. Гурыщхъуэ лъэпкъ зигу къэмыкIа блэм и шэрэзыр къызэрыридзу, абы пцIащхъуэ цIыкIуу плъагъур и пэнцIывымкIэ еуэри, тIууэ зэгуигъэхуащ. Абы лъандэрэ блэр мыпсэлъэжыф хъуащ. Аращ цIыхухэр зытекIуэдэнкIэ хъуну хъыбар шынагъуэр благъуэм деж щIынэмысари.                                                                        

 

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: