ЦIыхухэр цIыху хуэдэу

Налшык къалэ дэт еджапIэ-интернат №3-м иджыблагъэ #ЦIыхухэрЦIыхуХуэдэу зи фIэщыгъэ урысейпсо инклюзив гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахащ.

 

Аутизмым ехьэлIа хъыбарыр хэIущIыIу щIыным и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэщащ зэIущIэр. Ар тохуэ мэлыжьыхьым и 2-м.

Гъэлъэгъуэныгъэм хэтащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м и Парламентым егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, республикэм медицинэмрэ жылагъуэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и къулыкъущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэр, нэгъуэщIхэри.

ЕджапIэ-интернатым и унафэщI Понэж Майе гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым къызэрыхигъэщамкIэ, мы махуэм гулъытэ хэха щыхуащIу УФ-м и щIыналъэ 52-м жыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ит зэхуэсхэр щызэхашэ. Коронавирусым и Iуэхур щынэхъ ткIий языныкъуэ щIыналъэхэм зэIущIэхэр пэIудзауэ ирагъэкIуэкI, Iэмал здэщыIэ щIыпIэхэм щызэхохьэ».

Гъэлъэгъуэныгъэм и къызэгъэпэщыным Урысейм и щIыналъэ куэдым щылажьэ, аутизм зиIэ сабийхэмрэ балигъхэмрэ ядэлажьэ къэрал, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр жыджэру зэрыхэтыр къыхэгъэщыпхъэщ. ИпэжыпIэкIэ мыпхуэдэ зэIущIэхэм аутизм зиIэхэм я псэукIэ-щыIэкIэм цIыхухэр щегъэгъуазэ, абыхэм щIэгъэкъуэни щхьэпи уазэрыхъуну щIыкIэхэр нахуэ ещI.

«Дэтхэнэми, бгъэдэлъ узыншагъэмрэ къызыхэк1амрэ емылъытауэ, и цIыхущхьэм пщIэ хуэфащэщ, гулъытэ хуэщIыпхъэщ. Аутизм зиIэхэм дунейр нэгъуэщIынэкIэ зэралъагъум шэч хэлъкъым. ТхузэфIэкI къэдмыгъанэу абыхэм щIэгъэкъуэн дахуэхъун, щытхузэфIэкIым деж дещхьэпэн хуейуэ къыдолъытэ. Мыпхуэдэ зэхуэсхэм аутизм зиIэ сабийхэр зэрыс унагъуэхэм защIэзыгъакъуэ икIи ядэлажьэ зэгухьэныгъэхэм я хъыбарыр къыщащIэну Iэмал яIэщ, ар къэгъэнауэ, щхьэж бгъэдэлъ щхьэхуэныгъэм елъытауэ къадэIэпыкъуфынухэр щызэхагъэкI», – жаIэ къызэгъэпэщакIуэхэм.

«КъБР-м аутизм зиIэ сабий 512-рэ щопсэу. Абыхэм ящыщу 355-р сабий гъэсапIэхэм, курыт еджапIэхэм, интернатхэм макIуэ. Къапщтэмэ, КъБР-м курыт щIэныгъэ щызрагъэгъуэт IуэхущIапIэ 94-р аутизм зиIэ сабийхэм ядолажьэ. Налшык къалэ дэт еджапIэ-интернат №3-м аутизм зиIэ сабий 52-рэ щIэсщ. Абыхэм ядолажьэ псэлъэкIэм кIэлъыплъ, ар зэтезыухэ IэщIагъэлIхэр.

Апхуэдэу къэгъэлъэгъуэн хуейщ сабийхэм я психофизикэм теухуауэ щадэлажьэ класс щхьэхуэхэр зэрыщыIэри. Ахэр программэ хэхакIэ мэлажьэ, щхьэж и зэфIэкI теухуауи гъэпсащ. Класс щхьэхуэхэм сабии 107-рэ щIэсщ. Абыхэм ящыщу 49-м аутизм яIэщ. Псори зэхэту апхуэдэ сабийхэм егъэджакIуэ 22-рэ ядолажьэ», – жиIащ Поэж Майе.

«Аутизм зиIэ сабийхэмрэ ахэр зэрыс унагъуэхэмрэ щIэгъэкъуэн нэс яхуэхъун папщIэ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ Мэзкуу дэт, Психологиемрэ щэнгъасэмкIэ къэрал университетымрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ. Ар нэхъыбэу зытещIыхьауэ щытынур аутизм зиIэ сабийхэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэр зыхуэныкъуэ чэнджэщ ягъуэтынырщ, иджырей медицинэ щIэныгъэмрэ психологиемрэ щрагъэкIуэкIа, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ къэхутэныгъэщIэхэм щыгъэгъуэзэнырщ», – къыхигъэщащ Понэжым.

«Аутизм зиIэ сабийхэр щеджэ IуэхущIапIэхэм, центрхэм я лэжьыгъэр зэрагъэуIун папщIэ КъБР-м мы гъэм къыщызэIуахащ Аутизм зиIэхэм я узыншагъэм и лъэныкъуэ псори къызэщIиубыдэу якIэлъыплъынымкIэ центр. Центрыр КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и жьауэм щIэт IуэхущIапIэу щытынущ, аутизм зиIэхэм я медицинэ икIи психолог-щэнгъасэ дэIэпыкъуэгъуи хъунущ», – къыхигъэщащ Езауэ Анзор.

Гъэлъэгъуэныгъэр еджапIэ-интернатым и утыкушхуищым щекIуэкIащ. Сабийхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ щхьэкIэ мастер-классхэр къызэрагъэпэщат, сабийхэм я IэщIагъэхэр щагъэлъагъуэ хъун плIанэпэ зыбжани ягъэуват.

Псоми гъэщIэгъуэн ящыхъуащ инклюзив щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ, усакIуэ гупхэм я концертыр. УзыIэпишэрт сабийхэм я гупцIанагъым, къабзагъым, фэрыщIагъ лъэпкъ зэрахэмылъым.

Гъэлъэгъуэныгъэр и кIэм щынэблагъэм, къыхалъхьа флешмобым ипкъ иткIэ, псоми шар щхъуантIэхэр уэгум драгъэлъэтеящ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: