ПцIащхъуэ цIыкIухэр

Новеллэ
Си ныбжьэгъу Сюзаннэ тыгъэ хузощI
- Уэ убажэщ, сэ сыджэдущ… Хьэуэ, уэ уджэдущ, сэращ бажэр, - жаIэурэ автобус къэувыIэпIэм тетщ хъыджэбз цIыкIуитI. Сабий садым щызэхаха таурыхъым хэт лIыхъужьхэм я цIэхэр зэрызыфIащыжар яфIэдыхьэшхэн хъужауэ, я макъ жьгъыру цIыкIухэмкIэ уэрамыр къагъэпсалъэ.
Зы хъыджэбз цIыкIум и анэр а тIум якIэлъыплъурэ мэдыхьэшх:
- Фэри фэ! ТIури фыбажэщ! Сыту икIи фемышрэ?!
Ауэ абы и псалъэхэр нэхъри нэхъ гъэщIэгъуэн щыхъуауэ ипхъу цIыкIум и ныбжьэгъум зыхуегъазэ:
- Зэхэпха? Щхьэ уемызэшрэ? Ыыы?..
Аргуэру тIури мэдыхьэшх.
Хъыджэбз цIыкIуитIым сакIэлъыплъурэ сэри сыпогуфIыкI. ПцIащхъуэ цIыкIухэ… Зэ еплъыгъуэкIэ, а тIур зыкIи зэщхькъым: зыр щхьэц сырыхущ, лъагэщ; адрейр щхьэц фIыцIэщ, нэхъ лъахъшэщ. Уеблэмэ, я дыхьэшхыкIэри зэтехуэркъым. Ауэ ныбжьэгъугъэр абы хуей?!
- Зы, тIу, щы, плIы, хы, - кърегъажьэ хъыджэбз сырыху цIыкIум.
- Ей, тхур дэбгъэхуащ, - зэпеуд адрейм. – БжэкIэ пщIэххэкъым…
- СощIэ-тIэ, зэрыдэзгъэхуам гу лъыптэрэ лъумытэрэ сеплъыну арат…
- Аратэкъым-тIэ, пщIэкъым, - дыхьэшхыурэ къызэрохуэкI.
- Мыдэ сэ укъэзубыдынщи, уэзгъэлъагъунщ…
Абыхэм сакIэлъыплъурэ сэри сыпогуфIыкI! ГъащIэм языныкъуэ Iуэхугъуэхэм гъэщIэгъуэну къытрегъэзэж. Мы къэувыIэпIэм сытету сызэжьэ цIыхумрэ сэрэ ди цIыкIущхьэщ а хъыджэбз цIыкIуитIыр. Арауэ къыщIэкIынщ си нэр щIатенари.
Ар щхьэц сырыхущ, щхьэпэлагэщ, сэ сынэхъ лъахъшэщ, сыщхьэц фIыцIэщ. Абы псалъэр и мащIэщ, сэ сыпсэлъэрейщ. Абы щIымахуэр фIэфIщ, сэ щIыIэр си жагъуэщ.
- ЩIыIэм сес, дапщэщ автобусыр къыщысынур? - мэгъынанэ хъыджэбз щхьэц фIыцIэ цIыкIур.
- Уарэ, уэ щIыIэм ущошынэ, - мэдыхьэшх мыдрейр.
ИтIанэ, езы цIыкIуитIыр зоIущащэри, я анэхэм зыхуагъазэ:
- Мамэ, мам… КхъыIэ, нобэ мыбыхэ сыгъакIуэ. ТIэкIу сыджэгунщи сыкъэкIуэжынщ.
Анэхэми зэпеуэу жэуап къатыж:
- Нобэрей махуэм фыздэджэгункIэ фрикъуакъэ?!
- Махуэ псом фызэгъусэщ, фызэрыужэгъуакъэ?!
Хъыджэбз цIыкIухэм ар хуабжьу гъэщIэгъуэн ящохъу! Уи ныбжьэгъур бужэгъункIэ Iэмал иIэ?! ЩIыIэм тIэкIу егъэшынэ, армыхъумэ иджыри Iэджэрэ тетыфынут ахэр мы къэувыIэпIэм.
Сэри зыхэсщIэн щIызодзэ щIыIэ къызэрыхъур. Жып телефоныр къисхауэ, куэд щIауэ гукIэ сщIэ бжыгъэхэр къызодзэ. Ауэ абы ирихьэлIэу къоувыIэ автобусри, хъыджэбз цIыкIуитIым я анэхэр я гъусэу йотIысхьэ; абы сыхьэт ныкъуэ хъуауэ сызэжьэ цIыхури къокI.
- ИгъащIэкIи укъэсын си гугъакъым, - сышхыдэн щIызодзэ занщIэу.
- Апхуэдэущ автобусыр къызэрысар, сыт-тIэ сыбгъэщIэнур?!
- ЩIыIэм себгъэсащ…
- Умытхьэусыхэт иджы…
- Дауэ сызэрымытхьэусыхэнур?! ДыкъыкIэрыбгъэхуащ дыздэкIуэм…
- Сэри дыгъуасэ Iэджэрэ сыножьаи…
Мис апхуэдэу докIуэкI илъэс Iэджэ щIауэ… Ар щхьэц сырыхущ, сэ сыщхьэц фIыцIэщ…

ГъукIэ Маринэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ