Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьхэр

 Залиханов Михаил Чоккай и къуэ (1939) - СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академиеу Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щыIэм и Бгылъэ-геофизикэ институтым и унафэщI, СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и член-корреспондент.
Къалмыкъ Хьэжмурат ТIалэ и къуэ (1926-1965) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Iуащхьэмахуэ районым Кировым и цIэр зезыхьэ и колхозым и шыхъуэ нэхъыжь.
Къамбий Мухьэб Алим и къуэ (1923-2020) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Дзэлыкъуэ районым щыIэ Каменномост курыт еджапIэм и унафэщI.
КIыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэ (1914-2001) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ.
Кхъуэтепыхьэ Мухьэмэд Алий и къуэ (1938-1977) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Прохладнэ районым Чапаевым и цIэр зэрихьэу щыIэ колхозым и звеньевой.
Кудряшовэ Александрэ Профирий ипхъу (1915-2005) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Прохладнэ районым щыIэ «Прималкинский» зерносовхозым и комбайнер.
Моллаев Шарафудин Екъуб и къуэ (1929) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Тырныауз къалэм щыIэ «Молибден» къыщIэхыпIэм и шахтер.
Нефедов Николай Константин и къуэ (1908-1978) - Кавказ Ищхъэрэ совнархозым и Тырныауз вольфрам-молибден комбинатым и геолог нэхъыщхьэ.
Пэнагуэ Азмэтджэрий Жэр и къуэ (1931-1996) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Тэрч районым щыIэ «Красная звезда» колхозым и унафэщI.
Пащты Салимэ Мэзан ипхъу (1900-2002) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Бахъсэн районым Сталиным и цIэр зэрихьэу щыIэ колхозым и жэмыш.
Попурэ Андрей Фёдор и къуэ (1907-1977) - Орджоникидзе гъущI гъуэгум и Котляревскэ Iыхьэм и электромеханик.
Тарчокъуэ Къамболэт КIыцу и къуэ (1911-1977) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Аруан районым Лениным и цIэр зэрихьэу щыIэ колхозым и унафэщI.
Тетуев Шамсудин Жунус и къуэ (1932-1994) - Узбекистаным и Компартым и Акалтын райкомым и япэ секретарь, Сырдарьинскэ область.
Тхьэкъуахъуэ Башир Хьэбыж и къуэ (1927-1980) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Бахъсэн районым щыIэ «Красный Кавказ» колхозым и унафэщI.
Уммаевэ Фазика Хъусейн ипхъу (1938) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Шэджэм районым Байсултановым и цIэр зэрихьэу щыIэ колхозым и жэмыш.
Хьэжмэт Хьэсэн Къущхьэ и къуэ (1931-2007) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Бахъсэн районым ЩоджэнцIыкIум и цIэр зэрихьэу щыIэ колхозым и производственнэ къудамэм и унафэщI.
 Чигировэ Шамкъыз Магомед ипхъу (1940) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щыIэ «Нальчикский» совхозым жэмыш пашэ.
Щауэ Ахьед ТIытIу и къуэ (1932-1997) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Бахъсэн районым ЩоджэнцIыкIум и цIэр зэрихьэу щыIэ колхозым и бригадир.
 Щоджэн ТIэлашэ ПIытIэ и къуэ (1898-1978) Къэбэрдей АССР-м хыхьэ Iуащхьэмахуэ районым Кировым и цIэр зэрихьэу щыIэ колхозым шыгъэхъунымкIэ и унафэщI.

Поделиться: