Ныбжьэгъу псори ныбжьэгъукъым

Къэхъуа

 «Къуэш егъу нэхърэ - ныбжьэгъуфI», - жиIащ пасэрейм. Ауэ ныбжьэгъур зыхуэдэр къыщыпщIэр гъащIэм гъэунэхупIэ ущригъэувэм и дежщ. Абы теухуа хъыбарщ мы си тхыгъэм зи гугъу щысщIыр.
ЗэныбжьэгъуиплI хъурт ахэр. Зэхуэзамэ, гуапэу зэбгъэдэту, зэхуэмызэмэ, зэхуэзэшу илъэс куэд лъандэрэ къызэдекIуэкIырт. Зыр философ цIэрыIуэ Алексейт, адрейр тхакIуэ-тхыдэдж Тыгъуэнт, ещанэр профессор Бэрэгъунт, еплIанэр, Дизыкъуажэ, абыхэм хуэдэу щIэныгъэшхуэ бгъэдэмылъми, хабзэмрэ нэмысымрэ емыбакъуэу, ныбжьэгъу папщIэ зи псэр зытыфыну цIыху къызэрыгуэкIт. 
Зэгуэрым Дизыкъуажэ колхозым бригадиру ягъэувыну къыхуагъэлъэгъуащ. Колхоз унафэщIым абы къыжриIащ IэнатIэм пэрыувэн папщIэ и зэфIэкIыр зыхуэдэр къэзыгъэлъагъуэ щытхъу тхыгъэу щы зэригъэпэщын зэрыхуейр. Дизыкъуажэ абыкIэ къикIуэтынт: ныбжьэгъу щIыжаIэжыр апхуэдэ зы махуэтэкъэ?! Алексей, Тыгъуэн, Бэрэгъун сымэ захуигъазэри, щытхъу тхылъыр хуагъэхьэзырыну елъэIуащ.
Философым тIэкIу зрилъэфыхьащ, апхуэдэ лъэIукIэ зыкъызэрыхуагъэзар фIэмыфIыщэу жиIащ: «Мыр Iуэху цIыкIукъым, занщIэу зэфIэкIынукъым, сумыгъэпIащIэ». ТхакIуэмрэ профессорымрэ куэд дамыгъэкIыу сыткIи арэзы укъищIу щытхъу тхыгъэр ягъэхьэзыращ.
Тхьэмахуэ дигъэкIри, Дизыкъуажэ философым деж телефонкIэ псэлъащ, тхыгъэр хьэзырмэ щIэупщIэну «Iэжьэкъур щхьэ ипчрэ, укъызэмыпIэщIэкIыну бжесIатэкъэ, пхуэстхыну укъыщызгъэгугъакIэ, зыгуэр есщIэнщ. Хьэзыр хъумэ, колхоз правленэм и унафэщIым сэ естынщ, ар си цIыхугъэщи икIи сыпхуелъэIунщ Iуэхур псынщIэу зэфIигъэкIыну», - къыжриIащ абы. 
МахуитI-щы дэкIауэ Дизыкъуажэ колхоз правленэм и унафэщIым хуэзауэ къыжриIащ философым и щытхъу тхыгъэр къазэрыIэрыхьар. «Сэ абы сыщIримыгъэплъыжар сыту пIэрэ?» - егупсысащ Дизыкъуажэ. ИужькIэ тхыгъэр щилъэгъуам абы и щхьэусыгъуэри къыгурыIуащ. Щытхъу тхыгъэр хъарзынэу къыщIидзами, и кIэм деж псори щызэхигъэзэрыхьыжат. «Абы и ныбжьыр хэкIуэтащ, сыт бригадиркIэ къыпхуищIэжынур?» - жиIэу итт.
Дизыкъуажэ къыгурыIуащ философым и гум фIы зэримылъыр, я ныбжьэгъугъэри абдежым щиухащ. «Ныбжьэгъур щагъэунэхур махуейщ», - щIыжаIэжари апхуэдэ зыгуэру къыщIэкIынщ.
 

 

Пщыбий СулътIан.
Поделиться:

Читать также: