Гулъытэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Прохладнэ къалэм щыIущIащ ар зи хэщIапIэ 31681-нэ дзэ пакIэм хэт дзэлIхэм. 

Республикэм и УнафэщIым, здэкIуам и дзэ пашэр щIыгъуу, удз гъэгъахэр щигъэтIылъащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм хэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъу а къалэм дэтым деж.
ЩIежьа Iуэхум хыхьэу, КIуэкIуэ Казбек частым и сэлэтхэр дзейуэ зыщIэс унэр къиплъыхьащ, шхапIэм щыхузэрахьэм, къулыкъу здащIэм я зэманыр зэрыщагъакIуэ щIыкIэм зыщигъэгъуэзащ. 
КъБР-м и Iэтащхьэм зыхуэкIуахэм яIэригъэхьащ частым ­къегъэщIылIа дзэлIхэм иридэIэпыкъуну ягъэхьэзырар. Абы­хэм я нэхъыбэр мы зэманым Украинэм щыIэщ, зэпэщIэувэныгъэм къалэну къыщыхуагъэувар щагъэзащIэу.
Телеграмм-каналым къыщызэIуиха и напэкIуэцIым КIуэ­кIуэм иритхащ Урысей Федерацэм шынагъуэншагъэ къыху­зэгъэпэщынымкIэ, Донбассымрэ Украинэмрэ мамырыгъэм хущIэкъуу исхэм къащхьэщыжынымкIэ пщэрылъу къыщащIар а щIыпIэм, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къыщагъэлъагъуэу, щызыгъэзащIэ ди дзэлIхэм фIыщIэ ин зэрахуищIыр. 

ЛУЦЭ СулътIан.
Поделиться: