Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦Юридическэ IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ

♦Китайм щагъэлъапIэ ЩIалэгъуалэм я махуэр

♦1730 гъэм Москва и уэрамхэр къагъэнэхуу щIадзащ.

♦1873 гъэм Толстой Лев тхын щIидзащ иужькIэ дунейпсо цIэрыIуагъ зыгъуэта «Анна Каренина» романыр.

♦1886 гъэм зэхалъхьащ «Кока-Кола» псыIэфIыр.

♦1891 гъэм Урысейм император Александр III унафэ ищIащ дуней псом щынэхъ кIыхь дыдэ Транссыбыр гъущI гъуэгур ухуэным теухуауэ.

♦1911 гъэм Санкт-Петербург къыщызэрагъэпэщащ Урысей олимп комитетыр.

♦1998 гъэм Лиссабон къалэм (Португалие) къыщызэIуахащ а зэманым ирихьэлIэу (2018 гъэм и накъыгъэ мазэм Урысейм Кърым лъэмыжым автомобилкIэ ущызекIуэ хъу и Iыхьэр къызэIуахыху) Европэм щынэхъ кIыхь дыдэу къалъыта лъэмыжыр. Васко да Гамэ и цIэр зыфIаща а ухуэныгъэм Португалием и псыежэх нэхъыщхьэ Тежу и IуфитIыр зэпищIащ, метр 17185-рэ и кIыхьагъщ.

♦1629 гъэм къалъхуащ урысей пащтыхь, къэрал унафэр илъэс 31-кIэ зыIэщIэлъа Романов Алексей (Пётр Езанэм и адэщ).

♦1936 гъэм къалъхуащ совет кинорежиссёр, актёр, политик, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, публицист, УФ-м и цIыхубэ артист Говорухин Станислав.

♦1946 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Ало Руслан.

♦1950 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Осетие Ипщэм, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Дзидзоев Валерий.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 11 - 13, жэщым градуси 2 - 3 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Былымым я нэхъ Iэсэри сакъмэ, хьэм ишхыркъым.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ