Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и къэрал дамыгъэхэр тыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Iэтащхьэм и Указ

Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэш­хуэ зэрыхуащIам икIи илъэс куэд лъандэрэ ­хьэ­лэлу зэрылажьэм папщIэ цIэ лъапIэхэр ­яфIэ­щын
 

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и артист»

Битокъу Беслъэн Владимир и къуэм - лъэпкъ къафэмкIэ школым и хореограф-балетмейс­терым
Моттаев Тимур Сахьид и къуэм - «Темыркъан Б. Хь. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал филармоние» щэнхабзэмкIэ къэрал кIэзо­-нэ IуэхущIапIэм и симфоние оркестрым и ар­тистым
Тэмазэ Лиуан Бер и къуэм - «ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театр» щэнхабзэмкIэ къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и артистым,

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ»

Тесле Александр Георгий и къуэм - ­«Прох­ладнэ къалэ округым и сабий художественнэ школ» щIэныгъэ гуэдзэн егъэгъуэ­ты­нымкIэ муници­пальнэ IуэхущIапIэм и и директорым
Щхьэгъум Борис Мухьэжид и къуэм - «Щэнхабзэ-зыгъэпсэхупIэ центр» муниципальнэ кIэзонэ IуэхущIапIэм Бахъсэн муниципальнэ рай­оным хыхьэ Бахъсэнёнкэ къуажэм щиIэ къудамэм и художественнэ унафэщIым.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ  Казбек

Налшык къалэ
2022 гъэм гъатхэпэм и 22-м
№29-УГ

Поделиться: