Саугъэт нэхъыщхьэхэр зыIэрагъэхьэ

Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм хухэхауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ дзюдомкIэ зэ­хьэзэхуэ. Налшык къалэ дэт Универсальнэ спорт комплек­сым щызэхэтащ щIыналъэхэм зэдай XXVI зэпеуэ. Абы и саугъэтхэм щIэбэнащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ щIыпIэхэмрэ Адыгеймрэ щыщ 2003 - 2005 гъэхэм къалъхуа спортсмен 200-м нэблагъэ. 

ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм алэрыбгъум и хэгъэрейхэм медаль зэмылIэужьыгъуи 9 къыщахьащ. Махуэшхуэм хуэгъэпса зэпеуэм и саугъэт нэхъыщхьэр къихьащ Балъкъыз Залым. Дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьащ Къанкъул Давид, Глашев Джамболэт, Уянов Магомед, Тэрхъан Атмир, Мэздэгу Имран. Ещанэ увыпIэхэр яубыдащ Режалов Щамил, Тэхъу Алан, Жэмыхъуэ Марат сымэ. 
Зэхьэзэхуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ ягъэ­хьэзыращ Иванов Дмитрий, Апхудэ Анзор, Бэгъуэт Мухьэмэд, Сэралъп Олег, Махуэ Олег, Джэданэ Алим, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ.  
 

Къэхъун Бэч.
Поделиться: