Ди лъахэгъу щIалэм и ехъулIэныгъэ лъагэ

ЩIэныгъэм япэ лъэбакъуэхэр щызыч щIалэгъуалэр гъэгушхуэныр, абыхэм кърахьэ­жьэ Iуэху щхьэпэхэр дэIыгъыр къэрал уна­фэщIхэм гулъытэ хэха зыхуащIхэм ящыщщ. Апхуэдэ жэрдэм зыбжанэ къабгъэдокI къулыкъущIэхэм икIи псори хуолажьэ щIалэгъуалэ зэчиифIэм, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ хэIущIыIу ящIы­ным, ахэр къай­хъулIэн папщIэ Iэмалхэр къахузэгъэпэщыным. А Iуэхугъуэхэм ящыщщ Инновацэ лэжьыгъэхэр дэIыгъынымкIэ урысейпсо фондым къыхилъхьа «АкъылыфIэ» («Умник») зэпеуэр. 

Илъэс 15 ипэкIэ къызэрагъэпэща а зэхьэ­зэхуэр мы зэманми йокIуэкI, цIыхущIэхэмрэ жэрдэмыщIэхэмрэ я къэралпсо гъэлъэгъуапIэ щIыкIэу. Зэпеуэр йокIуэкI унэтIыныгъи 6-кIэ зэщхьэщыхауэ: Бжыгъэр зи лъабжьэ технологиехэр, Медицинэмрэ узыншагъэр хъумэным  епха технологиехэр, ПкъыгъуэщIэхэмрэ химие технологиещIэхэмрэ, IэмэпсымэщIэхэмрэ производствэм епха технологиехэмрэ, Биотехнологиехэр, ЩIым и хъугъуэфIыгъуэхэр зыхъумэ энергетикэ. Абы и утыку йохьэ илъэс 18 - 30-хэм ит щIалэгъуалэр. БлэкIа илъэсхэм къриубыдэу Iуэхум хэтакIэщ зи щIалэгъуэ цIыху мин 70-м ­щIигъу. Абыхэм ягъэлъагъуэ щIэныгъэ-къэху­тэныгъэ лэжьыгъэхэм я нэхъыфIхэм къэрал гулъытэ егъуэт, ахэр зэрагъэзэщIэн мылъку хуа­гъэфащэу. 
Гуапэ зэрыхъущи, а зэпеуэм дапщэщи жы­джэру хэтщ ди республикэм и щIалэгъуалэр, те­кIуэныгъэфIхэри къыщахь. Мыгъэрей зэхьэ­зэхуэм зи зэфIэкIхэр щызыгъэлъэгъуа ди лъа­хэгъухэм ящыщу  къы­зэгъэпэщакIуэхэм гу лъатащ Забаков Азэмэт и щIэныгъэ лэжьыгъэм. КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъу­мэш университетым и 4-нэ курсым щIэсу «Агрономие» IэщIагъэм хуеджэ щIалэщIэм и проектым лъабжьэ хуищIащ иужьрейуэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэщIэхэр. КъБКъМУ-м и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, ахэр ятещIыхьат къэкIыгъэхэм нэхъ щIэхыу зезыгъэужь, ахэр хэзыгъахъуэ технологиещIэм. Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым ягу ирихьащ щIалэщIэм и Iуэху еплъыкIэхэр икIи сом мин 500 хъу грант къыхуагъэфэщащ. А мылъкур Азэмэт тригъэкIуэдэнущ и щIэныгъэ къэхутэныгъэ хьэлэмэтым къыщыгъэлъэ­гъуахэр гъэзэ­щIэ­ным. 
Къэралпсо утыкум ди республикэм и цIэр фIыкIэ щызыгъэIуа Забаков Азэмэт ди гуапэу дохъуэхъу и ехъулIэныгъэ инымкIэ икIи дыщо­гугъ апхуэдэ текIуэныгъэ куэд иджыри къихьыну, щIэныгъэ куум и щыгу лъагэм нэсыну. 

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться:

Читать также: