ЩIым и сыхьэт

ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIы­уэпсым и дунейпсо фондым (World Wildlife Fund - WWF) къыхилъхьауэ «ЩIым и сы­хьэт» зыфIаща къэрал зэ­хуаку Iуэхугъуэу гъэ къэс ирагъэ­кIуэкIым ди республикэри хэтщ. 

Нобэ гъатхэпэм и 26-м щэбэт махуэу ди планетэм и щIыпIэ куэдым пщыхьэщхьэхуэкIуэу уэз­дыгъэ лейхэр щагъэункIыфIынущ, мыхьэнэ ин зимыIэ электро-Iэмэпсымэхэр къыщ­рачынущ. А «къалэныр» ягъэ­зэщIэнущ унагъуэ щхьэ­хуэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ, ­ку­рыт еджапIэхэмрэ хьэры­чэ­тыщIэ IэнатIэхэмрэ, къы­хуе­джэныгъэм пэджэжа псоми.
Дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэм зэрызихъуэжым, ды­зытес щIым и хъугъуэфIы­гъуэхэм я зэгъэзэхуэкIэм арэзы дыкъызэримыщIым къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я уна­фэщIхэр, цIыхубэр езыгъэгупсыс мы Iуэхугъуэм, зэрыхуа­гъэфащэмкIэ, адрей илъэсхэми хуэдэу цIыху куэд хэтынущ. 
Австралием и къалащхьэ Сидней 2007 гъэм япэ дыдэу щызэхашащ ди планетэм и хъугъуэфIыгъуэхэр ямылейрэ щыс­хьыншэу зэрагъэкIуэщIым гу лъезыгъатэ «The Sydney Morning Herald» зыфIаща Iуэхугъуэу иужьым щIыхьэху теплъэ зиIэ хъужар. 2008 гъэм абы нэхъ­ри зиубгъуащ. А илъэсым абы хэтащ къэрал 35-рэ абыхэм щыIэ къалэхэу 400-м щIигъурэ. 
2009 гъэм ирихьэлIэу «ЩIым и сыхьэт» зыфIащыну зыхунэса Iуэхугъуэм адэкIи зиубгъуащ. Ар зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми ялъэIэсащ ди планетэм щыпсэу цIыхухэм ящыщу мелардым щIигъум. Къэралу хыхьам я бжыгъэри, Урысей Федерацэри яхэту, 74-м нэсащ. Адрей гъэхэми хуэдэу, гъатхэпэм и иужьрей щэбэтым трагъэхуа мы махуэм «ЩIым и сыхьэт» зыфIаща и пIалъэм (пшапэ зэхэуэгъуэм) къриубыдэу, ди къэралым и щIыпIэ куэдми уэздыгъэхэр щагъэункIыфIат. Апхуэдэу, Мос­ква дэт Къэрал университетым, а къалэм и администрацэм, Киевскэ вокзалым, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и унэ нэхъыщхьэхэр, Санкт-Петербург зи хэщIапIэ хьэрычэтыщIэ зэгухьэныгъэхэу «ИКЕА», «Балтикэ» зи фIэщыгъэхэм я екIуэлIапIэхэр, цIыху зэхуэсыпIэу къалъытэ языныкъуэ клубхэм я ухуэныгъэхэр къэзыгъэнэху электро-уэздыгъэхэр ягъэункIыфIат.
Ауэрэ здекIуэкIым, «ЩIым и сыхьэт» зи фIэщыгъэ щIы­хьэхум хыхьа къэралхэм я бжыгъэр нэхъри нэхъыбэж хъуащ. Мы махуэм пэджэжхэр щIыпIэ хэгъэунэхукIахэм щызэIуо­щIэ­ри, щIыуэпсым и хъугъуэфIы­гъуэхэр хъумэн зэрыхуейм щы­топсэлъыхь, зэгъэзахуэ щы­Iэным и мыхьэнэм и гугъу ­щащI, щызочэнджэщ.   
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: