ТхакIуэ Къущхьэ Севим

Тыркум щыщ тхакIуэ ­цIэ­рыIуэ, ди лъэпкъэгъу пщащэ Къущхьэ Севим адыгэм и цIэр лъагэу иIэту щопсэу Истамбыл. Абы и  Iэдакъэ романипщI къы­щIэкIащ икIи ахэр щIыпIэ куэдым дунейм къы­щы­техьащ.

Тыркум ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къыдигъэкI «Мазэрэ  вагъуэрэ» газетым  щылэжьащ.  Иджыпсту ухуакIуэ фирмэм ин­женер-къэпщытакIуэу щы­Iэщ. Севим нобэкIэ итха ­романышхуэхэм къищы­нэмыщIауэ, щэнхабзэм ­теухуауэ щIыпIэ куэдым къы­щыдэкI журналхэм къыт­радзащ и Iэдакъэ­щIэкI­хэр.
Къущхьэ Севим Къайсэр къалэм епха Узун Пынар (Псынэ КIыхь) къуажэ цIы­кIум къыщыхъуащ. И ныбжьыр илъэситIым иту и ­унагъуэр Истамбыл Iэп­хъуауэ щопсэу. Аращ курыт школри еджапIэ нэхъыщ­хьэхэри къыщиухар. Япэу зыхуеджар инженер Iэ­щIагъэрами, зэрыцIыкIу лъандэрэ тхакIуэ хъуну и ­хъуэпсапIэт. Инженеру ­тIэ­кIурэ лэжьа нэужь, ин­джы­лызыбзэ зригъэщIэн папщIэ США-м кIуащ. Хоп­кинс Джонс и университетым ­инджылызыбзэр щиджащ, абы щыгъуэм хуэмурэ тхэн щIидзащ.
Ди лъэпкъэгъу пща­щэм япэу и Iэдакъэ къыщIэкIар «Узыншэу ущыт, Нисан!» романращ. Абы зи гугъу щищIыр езым и студен­тыгъуэ илъэсхэрщ: щIалэгъуалэм я зэхущытыкIэр, балигъ гъащIэм хэмыбэ­къуа ныбжьыщIэхэм я гуп­сысэкIэр, зэхэтыкIэр, нэ­гъуэщIхэри. Ар 1993 гъэм тхын иухри, 1996 гъэм дунейм къытехьащ япэ романыр. ИкIи тырку литературэм лъэрыхьу къыщалъытэ тхакIуэ цIэры­Iуэ­хэм  а тхыгъэр нэхъыфIхэм зэ­рыхабжам Севим игъэгушхуауэ жыпIэ хъунущ.
Абы хуэм-хуэмурэ къыкIэ­лъыкIуащ адрей романхэри. Псом нэхърэ нэхъ ­къехъулIауэ куэдым къалъытэ «Жьыбгъэмэ къы­зыпих шухэр» адыгэ лъэпкъым теухуа рома­ныр. Севим щыцIыкIум и адэшхуэ Гъузер, и адэ ­Решат, абы и къуэшхэм жаIэжу зэхихахэрщ и тхыгъэм гупсысэ нэхъыщ-         хьэу къыщыгъэлъэгъуэжар. ИкIи илъэси 150-рэ и пэкIэ екIуэкIа зауаем, ди лъэпкъым и щхьэм къри­кIуам, хамэ щIыпIэ зэры­рапхъам теухуауэ Тыркум сыт  щигъуэтми щIиджыкIщ, дэфтэр, архив куэдым хэплъэри, итхын щIидзауэ аращ.
Къущхьэм и мурадхэм ящыщщ адыгэм я гу­ ща­багъыр, хьэщIэр фIыуэ зэралъагъур, ди хабзэм и ­дахагъыр къыщыгъэлъэ­гъуа роман итхыну. Тхьэм хущIигъэхьэ!
Адыгэбзэ дахэ Iурылъу, адыгэм къызэрыхэкIар ищIэ­жу, абы и тхыдэр къы­щыгъэлъэгъуа и романхэр къэрал зэмылIэужьыгъуэ­хэм щызэбгрыкIыу Истамбыл щыпсэу ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэм и зэфIэ­кIым, и дахагъэм уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым.
 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: