«Щхъухь хужьым» и уасэр хохъуэ

Фошыгъу егъэлеяр узыншагъэм дежкIэ зэрызэраныр пщегъэгъупщэ цIыхухэм гужьеяуэ «щхъухь хужьыр» зэрызэщIащахуэм. ИтIани, цIыхубэм ярикъуу къелыжын фошыгъу къэралым зэрилъыр, ар лъапIэ щIэхъуар хьэгъапхъэхэмрэ гужьеиххэмрэ зэракъуэншагъэр уи фIэщ мэхъу.
Уасэхэр зэрыдэуейр къагъэувыIэн мурадкIэ, Урысейм унафэ къащтащ шыщхьэуIум и 3I пщIондэ къэралым фошыгъу ирамышыну. Аращи, фошыгъур Урысейм икIынукъым. Ауэ къэралым цIыхуу исым ар ярикъуну?
Мылъку IуэхухэмкIэ эксперт Самойловэ Светланэ зэреплъымкIэ, фошыгъур гъуэтыгъуей щIэхъун щхьэусыгъуэ щыIэкъым. Иджыпсту ар щIызэпэубыдар цIыхубэм ар куэдыIуэу зэращэхурщ. Фошыгъум и мызакъуэу, цIыхухэм зи шхыгъуэ пIалъэр имыкIыну, зэмыкIуэкIыну ерыскъыхэкI псори ящэху. Фошыгъур нэхъ мащIэ щIэхъуар уасэхэр дяпэкIи дэуеиным щыгугъ сатуущIхэм я гъэтIылъыгъэхэр ящэну зэрымыпIащIэрщ. Урысейм илъэсым фошыгъуу тонн мелуани 5,8-рэ щашх. Къэралым ит завод 70-м къыщыщIагъэкI фошыгъу тонн мелуани 6. Иужьрей илъэсхэм а бжыгъэр нэхъыбэж хъуауэ, зыхуейм нэхърэ нэхъыбэ ягъэтIылъауэ щыIэщ. Уасэхэр щIыдэуеяр ахъшэр пуд зэрыхъуарщ, армыхъумэ фошыгъур мащIэу аракъым.
 Ардыдэр жеIэ «Руспродсоюз» IуэхущIапIэм и унафэщI Востриков Дмитрий: «Уасэхэр щIыдэуейр фошыгъу заводхэм я гъэтIылъыгъэхэр ящэну зэрымыпIащIэрщ. Фошыгъу зыхалъхьэ шхынхэр зыщэхэм я дежкIэ ар нэхъ лъапIэж хъунущ. Iуэхур зэхэмызэрыхьын папщIэ, къэралым фошыгъу къамыл къещэху».
 «Фошыгъур мащIэ хъуауэ къащIыщыхъур ар къызэрашэ Iэмалхэр нэхъ гугъу зэрыхъуарщ, - хуегъэфащэ ЕрыскъыхэкIхэр щэнымкIэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Карпов Андрей. – Тыкуэнхэм къытралъхьэну хунэмысу аращ, цIыхухэм куэду зэращэхум къыхэкIыу. Илъэс блэкIам фошыгъум уасэ тэмэм хуагъэувауэ щытакъым - ар зэрыщытын хуейм нэхърэ нэхъ мащIэт. Фошыгъур апхуэдизкIэ пудти, къызэрыгукI тыкуэнхэм щIэлъхэр зэуIуу ящэхуу къаублат, IэфIхэкIхэм елэжь IуэхущIапIэхэм иращэжын я гугъэу. Иджы зэрыщытын хуейм хуэдэу, зэуIумрэ щхьэхуэмрэ я уасэр зэхуэкIуэжу, зы килограммым и уасэр сом 70-м нэсу аращ».
 Сату-промышленнэ палатэм и лэжьакIуэ Вовк Аннэ зэрыжиIэмкIэ, фошыгъум и уасэр гъэм и зэманми елъытащ. Фошыгъу къамылым и Iухыжыгъуэм абы сытым дежи хохъуэ. Мы гъэм щIыхэхъуар уэру зэращэхурщ. ЗэкIэ дызыхуейр зыщ – цIыхухэм гужьеин щагъэту, яхуэшхыным нэхърэ нэхъыбэ ямыщэхуну».

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: