Къэбэрдей уэркъхэр Польшэм щозауэ

XVI лIэщIыгъуэм Польшэм къэбэрдей уэркъитху зэрыкIуэгъамрэ иужькIэ абыхэм я щхьэ кърикIуамрэ теухуа лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкIыр лыхь (поляк) тхыдэтх Грушницкий  Мартинщ. А тхыгъэр Иорданием щыпсэу ди хэ­куэгъу Жэмыхъуэ Амжэд зэридзэкIри, «Адыгэ псалъэм» тридзащ. Нобэ псалъэмакъым къыпещэ Германием къикIыжа, Мейкъуапэ щыпсэу еджагъэш­хуэ Едыдж Батырай.
Дэ жытIэркъым мыбы къыщыхьа Iуэхугъуэхэр, цIэ-унэцIэхэр, лъэхъэнэр, нэгъуэщIхэри тэмэм дыдэу къэгъэлъэ­гъуа хъуауэ. Ахэр зэхэзыгъэкIыпхъэр тхы­­дэтххэрщ. Ауэ тхыгъэр лъэпкъ тхыдэм ехьэлIауэ зэрыщытри, абы лыхь щIэныгъэлI зэрытетхыхьари гъ­э­щIэ­гъуэнщ, ди гугъэщ ди щIэ­джы­кIакIуэхэми ар щIэ­щыгъуэ ящыхъуну.

Польшэм и щIыналъэр псэупIэ зыхуэ­хъуа уэркъ щIалитхур Кавказ Ищхъэрэм къикIат, нэхъ тэмэмыIуэу жыпIэмэ, Псыжьрэ Тэрчрэ я зэхуаку дэлъ лъахэм. Мы щIыпIэм тэтэрхэр БештаукIэ, урысхэр ПятигорсккIэ йоджэ, ауэ и пэжыпIэр пщIэну  ухуеймэ,  абы  и  цIэр Къэбэрдейщ. Къэбэрдей, беслъэней адыгэхэрщ а лъахэм щыпсэур.
XV-XVII лIэщIыгъуэхэм Къэбэрдейр къэралыгъуэ щхьэхуиту щытащ. А къэ­ралым Урысейм исхэр ЧеркесиекIэ (ШэрджэскIэ), лыхьхэмрэ литвинхэмрэ ПятиршкикIэ еджэрт. Къэбэрдеймрэ Къры­мымрэ быдагъэ яку дэлъащ - зыр къии­ныгъэ хэхуэмэ,   адрейр къыщхьэщыжырт. ЩыIащ зэгурымыIуэныгъэхэри.
Къэбэрдейр Урысейм и жыIэ щыщIэхуа 1555 - 1560 гъэхэм къриубыдэу Ук­раинэм и пащтыхьыкъуэ Вишневецкий Дмитрий урысхэр и гъусэу тэтэрхэм ­езэуащ. Илъэсищэ хуэдиз дэкIауэ Поль­шэм и пащтыхь хъуа Вишневецкий   Дмитрий. Корбут Михаил и адэшхуэщ. А зэманым Польшэри, Украинэри, Бела­русри,  Литвари зы къэралыгъуэу зэхэтащ. Дмитрий Запорожьем щыпсэу къэзакъхэр къызэщIиIэтэри, тэтэрхэм удын хьэлъэ иридзыгъащ, езыми лIыгъэшхуэ къигъэлъэгъуащ.
Зауэ нэужьым Иван ЕплIанэм (Шына­гъуэм) Дмитрий Къэбэрдейм лIыкIуэу ­игъэкIуащ. Къэзакъ куэд абы щыгъуэ а щIыналъэм здишауэ щытащ дзэпщым. Адыгэхэм ягурыIуэу, я Iуэху дэкIынымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуу, Дмитрий илъэс зыбжанэкIэ абыхэм яхэсащ. ЦIэрэ щхьэрэ зиIэ бгырыс куэди и лъэныкъуэ ­къи­щIыфащ, и дзэми хигъэхьащ.
1561 гъэм Иван ЕплIанэр Польшэм щытеуэм, Дмитрий афIэкIа Урысейм ­къулыкъу хуищIэн идэжакъым икIи и хэкур ихъумэжыну Къэбэрдейм ­игъэзэжащ. Абы игъэгубжьащ урыс пащтыхьыр. «Дмитрий хьэм хуэдэу къакIуэри, хьэм хуэдэуи кIуэжащ», - аращ Иван Еп­лIанэм жиIауэ яIуэтэжыр.
Ауэ Дмитрий и сэбэпынагъ ин и хэ­куэ­гъухэм яригъэкIыфакъым. Ар Бессара­бием щаубыдри, Истамбыл гъэру ира­гъэшащ. Тыркухэмрэ кърым тэтэрхэмрэ зэрезауэм папщIэ а къалэм ар щхьэпылъэ щащIащ.
Дмитрий хэкум зэригъэзэжрэ мазих ­нэхъ дэмыкIауэ, къэбэрдей уэркъ щIалэ зыбжанэ Польшэм кIуэну ежьащ, Къэ­бэрдейм урысыдзэр игъэкъэбзыкIыжы­ным­кIэ щIэгъэкъуэн къахуэхъуну елъэIуну, лыхьхэм я гъусэу къулыкъу ящIэну. Урыс пащтыхьым ар щызэхихым, унафэ ищIащ «жыIэмыдаIуэ лъэпкъым» къы­хэкIа лIыкIуэхэр яукIыну.
Польшэм и пащтыхьыр гуапэу къаIущIащ адыгэхэм, тыгъэ лъапIэхэри къа­хуищIащ. 1562 гъэм къэбэрдей уэркъитхур, я унагъуэхэмрэ зауэлI 300-рэ я ­гъусэу, а къэралым къызэрыкIуагъар щIэныгъэлIхэм ятхыжащ. Адыгэхэми хуабжьу ягу ирихьащ лыхьхэм зэрырагъэблэгъар. Дэфтэр тхыгъэжьхэм зэритымкIэ, мыхэращ а зэманым Польшэм кIуа къэбэрдей уэркъхэр:
1. Черкасский Къамбулэт и къуэ Къа­сым;
2. Черкасский Къамбулэт и къуэ Гав­рилэ;
3. Анчокъуэ Къудэнэт и къуэ Алек­сандр (Темрыкъуэпщым и благъэщ);
4. Сэлджий;
5. Черкасский Цымкъуэ и къуэ Тем­рыкъуэ.

Иван ЕплIанэр щIегъуэжат е нэгъуэщI мурад гуэр ищIат, сытми адыгэ щIалэхэм ягъэзэжыну къелъэIуу Клобу­ков Алексей лIыкIуэ къахуищIащ, ауэ мыдрейхэм ар ядакъым. Адыгэ щIалэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ католик диныр ­къащтагъэххэт.
Сэлджийрэ Темрыкъуэрэ Польшэм и дзэм хэту зэхаша шэрджэс зауэлIхэм ­пашэ хуащIащ. Абыхэм зэрахьа  лIыгъэм теухуа дэфтэрхэр щыIэщ. Псом хуэмыдэу куэд тратхыхьащ Темрыкъуэ.
1572 гъэм мэлыжьыхьым и 13-м Бессарабием и щIыналъэм Тыркумрэ Поль­шэмрэ я дзэхэр щызэпэщIэуващ. А зауэм лыхьхэр къыщыхагъащIэри къраху­жьэжат. Ауэ Темрыкъуэ и зауэлIхэр къа­хуикIуэтакъым, къебгъэрыкIуэ бийр абы­хэм къызэтрагъэувыIэгъащ. Лыхьхэм ­заугъуеижыху, Темрыкъуэ и шууейхэм тыркухэр зэтраIыгъащ.
Польшэм и пащтыхьым пщIэшхуэ къыхуищIыжащ Темрыкъуэ: ар лыхь аристократхэм я бжыгъэм хитхащ, Подольем щIышхуэ, унэ-лъапсэ иту, къыщритащ. Апхуэдэурэ Подольем итIысхьа къэбэрдейхэм заубгъуащ. Хэкум къикIыурэ абыхэм зауэлI куэд къахэхъуащ. Илъэс зыбжанэм къриубыдэу адыгэдзэр Польшэм и дзэм ефIэкI хъуат. Бгырыс хъыжьэхэр хуэщIауэ а щIыпIэм щып­сэуащ 1785 гъэр къэсыху.
А илъэсым Подольер Урысейм, Прус­сием, Австрием зэхуагуэшыжащ. Поль­шэм и дзэм адыгэ зауэлIу хэтыр нэхъ ­мащIэ хъууэ хуожьэ. ИужькIэ украинхэмрэ тэтэрхэмрэ къебэкI мэхъу. Ауэ зэуэкIэ хабзэр, зауэлI зэхущытыкIэр, шы гъэсэкIэр къэбэрдейхэм ейм къытенэжащ.
Къэбэрдей уэркъитхумрэ адрей ­зауэлIхэмрэ я щIэблэр зыхэс лъэпкъым хуэм-хуэмурэ хэшыпсыхьыжащ. Урысейм Украинэр иубыда нэужь, афIэкIа По­дольем къина адыгэхэм я хъыбар къэIужакъым.
Иджырей лыхь тхыдэтххэм къалъытэ курыт лIэщIыгъуэхэм я зэманым къэбэрдей зауэлIхэм Польшэм и дзэм зэ­хъуэкIыныгъэ щхьэпэхэр хуащIауэ, зауэ тактикэм зрагъэужьауэ.

 Мейкъуапэ къалэ

Сурэтым: Лыхьыдзэм хэт къэбэрдей уэркъыр. 1562 гъэ

Едыдж Батырай, философие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик.
Поделиться: