ЕгъэджакIуэхэр зэрагъэхьэзырым гулъытэ хуащIКъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетымрэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэм я Iуэхухэмрэ волонтёр лэжьыгъэм зегъэужьынымкIэ и комиссэмрэ дыгъуасэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым зэIущIэ щрагъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ щIыналъэм егъэджакIуэхэр зэрыщагъэхьэзыр щIыкIэм. ЗэIущIэм и пэ къихуэу, лIыкIуэхэм зыщагъэгъуэзащ КъБКъУ-м и Педагогикэ колледжымрэ ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физическэ щэнхабзэ-спорт щIэныгъэ етынымкIэ Институтымрэ я лэжьыгъэм. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и комитетым, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм я лIыкIуэхэр, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэр, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, нэгъуэщIхэри. КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ къызэхуэсахэм защыхуигъазэм жиIащ къаIэта Iуэхум нобэкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр. - Тхьэмахуэ блэкIам КъБР-м и Парламентым дыщедэIуащ еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрызаужь щIыкIэм. АбыкIэ щапхъэу диIащ КъБКъУ-р, ар зыхунэсахэр. Нэхъыщхьэ дыдэу абы зы Iуэху къыщыхэдгъэщащ - егъэджакIуэхэр нэхъыбэ тщIын, я щIэныгъэм хэдгъэхъуэн зэрыхуейр, - жиIащ Емузым. - Апхуэдэуи курыт еджапIэхэм я Iуэху зыIутыр зэдгъэщIэн мурадкIэ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэр щIэх-щIэхыурэ районхэмрэ къуажэхэмрэ докIуэ икIи нэхъыбэрэ абыхэм зы упщIэ къыщаIэт хабзэщ: «Сыт хуэдэ IэщIагъэхэра щIэупщIэ нэхъ зиIэнур?» - жаIэу. Шэч хэмылъу, апхуэдэ IэщIагъэхэм сыт щыгъуи ящыщынущ егъэджакIуэмрэ медицинэм и лэжьакIуэмрэ. ЗэIущIэм кърихьэлIахэм захуигъэзащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат. АдэкIэ къызэхуэсахэр едэIуащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор. Ар тепсэлъыхьащ егъэджэныгъэ Iэмалхэм зэрызрагъэужьым, гугъуехьхэм, егъэджакIуэхэр зэрагъэхьэзырымрэ абыхэм я Iэзагъэм хагъэхъуэну ират Iэмалхэмрэ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къыщызэрагъэпэща илъэсым къыщыщIэдзауэ абы зэрызиужьам теухуауэ къэпсэлъащ КъБКъУ-м егъэджэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и проректор-япэ проректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Лесев Вадим. КъБР-м и Жылагъуэ палатэм къыбгъэдэкIыу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Байчекуевэ Нинэ. ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхухэм нэхъ убгъуауэ щыгъуазэ зыщыфщIыфынущ ди газетым и къыдэкIыгъуэхэм я зым.
Поделиться:
Читать также:
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
13.04.2024 - 11:18 →
Дзэм ираджэнухэр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|