ЕджапIэр зэрагъэпэщыжынущ

Егъэджэныгъэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткӀэ, дызэрыт илъэсым и мэлыжьыхь мазэм зэрагъэпэщыжын щ1адзэнущ Аушыджэр (Дыгъужьыкъуей) къуажэм дэт, Къардэнхэ Къубатийрэ Къэбардрэ я цӀэхэр зезыхьэ курыт еджапӀэр.

Къуажэ еджапӀэр 1984 гъэм яухуащ, абы лъандэри и кӀуэцӀыр зэрахьа фӀэкӀа, унащхьэри, бжэ-щхьэгъубжэхэри, псыр зэрыжэ бжьамийри зэрахъуэкӀатэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым ЕгъэджэныгъэмкӀэ, щӀэныгъэмрэ щӀалэгъуалэм я ӀуэхухэмкӀэ и министерствэм зэхилъхьа программэм ипкъ итк1э къуажэ еджапӀэр зэрагъэпэщыжын хуейхэм хеубыдэ, щӀыналъэ бюджетым къыхэкӀыу абы сом мелуан 80 хуэдизи трагъэкӀуэдэну хухахащ.

«Зэгъэпэщыжын хуейхэм къызэщӀеубыдэ еджапӀэм и щхьэр, бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ зэхъуэк1ыныр, пэшхэм я лъэгу щар къихауэ щӀэ идзыжыныр, уэздыгъэ зэрыкӀуэ кӀапсэхэр, бжьамийхэр щӀэуэ щ1эшэжыныр, унэ кӀуэцӀ блынхэр зехьэныр», - щыжеӀэ КъБР-м и Правительствэм къита хъыбарым.

ЕджапӀэр зэгъэпэщыжынымкӀэ ухуак1уэхэм иращӀылӀа зэгурыӀуэныгъэм ипкъ иткӀэ, лэжьыгъэхэр 2023 гъэм и шыщхьэӀу мазэм зэфӀэкӀын хуейщ.

 

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться: