Ди лъэпкъыцIэр зезыхьэ инджылыз щхьэцщыхуэ

XIX лIэщIыгъуэм инджылызхэм утыку ирахьэ сэхусэплъхэм, щхьэцылэхэм, къинэмыщIхэм «адыгэ пщащэ», «адыгэ бзылъхугъэ» цIэхэр фIащу, ахэр Шэрджэс щIыналъэм щыпсэу цIыхубзхэм къагъэсэбэпу жаIэурэ лъапIэу ирагъэкIыу зэрыщыта хъыбархэр куэд щIауэ зэхыдох. Ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, апхуэдэ щапхъэхэр ди зэманми къэсащ, псалъэм папщIэ, нобэ зи гугъу тщIыну «Адыгэ щхьэцщыхуэр» («Circassian cream»). Ар къыщIегъэкI 1805 гъэ лъандэрэ Лондон дэт «Труфиттрэ Хиллрэ» IуэхущIапIэм.

«Адыгэ щхьэцщыхуэр» къыщыщIагъэкI Труфитт Уильям и хэщIапIэр 1805 гъэм жьакIэупсыпIэ къудейуэ къежьащ. Мыбы и теплъэм щыкIэлъагъэплъу къекIуэкIащ Черчилль Уильям, лорд Байрон, Диккенс Чарльз, Уайльд Оскар хуэдэ инджылыз цIэрыIуэхэм. Илъэс щитI зэрыхъуам нэхъ лъапIэж ищIа фIэкIа, ноби «Труфиттрэ Хиллрэ» брендыр ящыгъупщэжахэм ящыщкъым. Хамэ къэралхэм ирагъашэ абы къыщыщIагъэкI хъулъхугъэ хуэIухуэщIэхэр я уасэкIэ къызэрыкIуэ дыдэу щымытми, я фIагъыр шэч къызытрамыхьэжщ. 1875 гъэм ирихьэлIэу нэхъри зиубгъури, ар хъуащ цIыхухъухэм къагъэщхьэпэ сэхусэплъхэр къыщыщIагъэкI, псоми къацIыхуж унэ. 1935 гъэм ирихьэлIэу «Труфиттрэ Хиллрэ» унэр нэхъ цIэрыIуэж хъури, пащтыхь сэрейм щылэжьэну хуит ящIащ. Мыбы къыщыщIагъэкI щIыфэ щыхуэхэкIхэр пащтыхь унагъуэми, Оливье Лоуренс, Синатрэ Фрэнк хуэдэ цIыху цIэрыIуэхэм зрахьэлIэрт.

Дэ мы IуэхущIапIэм гу лъыттэн хуей щIэхъуар сурэтым щыфлъагъу, мыбы къыщыщIагъэкI щхьэцщыхуэм «Адыгэ крем» («Circassian cream») цIэр зэрызэрихьэрщ.

Девгъэплъыт нэхъ гъунэгъуу ди лъэпкъыцIэр зезыхьэ щыхуэхэкIым. Мис ар щэхуакIуэм и пащхьэ зэрырахьэ псалъэхэр: «Теплъэр зэрызэрагъэзахуэ «Адыгэ крем»-р егъэлеяуэ мылыд, щхьэцым ику ит быдагъ езытщ, санэ фIыцIэм, бергамотым, тIамыплъым (мандарин) я мэхэм къыхыхьэжа удзымэм уитхьэкъуа нэужь, иужькIэ гуащэнапщIэм (розэ), жасминым, лилием зэхэту къапих мэр къахыхьэжу. Иужьрей макъамэу «Circassian cream»-м къеутIыпщ сандал жыгымрэ ванилымрэ къапих мэ къабзэр. Куэд щызэхэлъ щхьэкIэ къэмынэу, шэч къытумыхьэжу пхужыIэнущ мы мэ дахэр егъэлеяуэ Iуву зэхэлъуи Iум изэрыхьу зэрыщымытыр».

«Пащтыхь бренд» зыфIаща «Труфиттрэ Хиллрэ» IуэхущIапIэм нобэ къыщыщIагъэкI хъулъхугъэхэм папщIэ зэмыщхьу дыхуи 8, зэрызаупс кремхэмрэ бальзамхэмрэ, лосьонхэмрэ кондиционерхэмрэ, шампунрэ зи гугъу тщIы щхьэцщыхуэхэмрэ. IуэхущIапIэр гъэщIэгъуэн зыщI щхьэусыгъуэхэм язщ абы XVIII лIэщIыгъуэм зекIуэу щыта зэхэлъхьэкIэ Iэмалхэри къызэрыщагъэсэбэпыр. Мыбы щхьэцыр щыщIащэри щызэрагъэзахуэ, «пащтыхь упсыкIэкIэ» уи жьакIэр щыпхуаупс, пащIэмрэ жьакIэмрэ теплъэ къыщрат, зи щхьэцыр тхъуам щIалафэ къызэрытрагъэуж Iэмалхэри щызокIуэ, щхьэр щаупс, напэр щыпхуагъэкъабзэ. Псори – цIыхухъухэм папщIэ.

Сыт нэхъри нэхъ гъэщIэгъуэнращи, илъэс щитI ипэкIэ псэуа ди лъэпкъэгъухэм я гугъу умыщIи, мы щхьэцщыхуэм зи цIэ зэрихьэ адыгэхэм хуэдэу нобэми цIыхухъум зигъэщIэрэщIэIуэныр нэхъ зимынэрыгъ лъэпкъ гъуэтыгъуейщ.

«АдыгэлIым цIыхубзыфэ къытезыгъэуэнкIэ хъуну псоми, уеблэмэ щхьэгъусэмрэ бынымрэ ябгъэдэсу унэм щIэсыным, зыщедзей, - итхырт 1830 гъэм Шэрджэсым щызэхэзекIуа инджылыз тIасхъэщIэх Спенсер Эдмунд. - Абы къыхэкIыу, щIыIэри, хуабэри, мэжэщIалIагъри къыфIэIуэхукъым, тхьэмахуэ бжыгъэкIэ гъуэгу тетыфынущ, ихъуреягъыр тхъапIэу щытми, ху къэлътмакърэ зы псы фэндрэ фIэкIа имыгъуэмылэу. Жыжьэ къикIа гуэр игъэхьэщIэмэ, е, махуэшхуэм и хьэтыркIэ, хабзэм зыдригъэкIу хъумэщ абы тыншыгъуэ зригъэкIуалIэу гу щылъыптэнур. Ауэ и ныбжьыр хэкIуатэмэ, и шыIэныгъэр нэхъ къегъэлалэ. Абдежращ адыгэм гъащIэм и IэфIым гу щыщихуэр. ДэнэкIи щыболъагъу унагъуэ насыпым и щапхъэу щхьэгъусэм, быным, къуэрылъху-пхъурылъхухэм къаухъуреихьу хьэблэм дэс дадэ жьыщхьэ махуэхэр».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: