Къэралым и зэхьэзэхуэм хэтынухэр зэхагъэкI

Невский Александр и цIэр эзрихьэу Старэ Оскол къалэм дэт спортым и уардэунэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ «Динамо» физкультурэ спорт зэгухьэныгъэм и урысейпсо зэхьэзэхуэхэр. Я хьэлъагъ елъытауэ гуэшауэ щыта гуп I6-м я саугъэтхэмрэ Урысей Федерацэм и зэхьэзэхуэм кIуэнымкIэ Iэмалымрэ щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 26-м къикIа зи зыбжьыр илъэс 2I-рэ иримыкъуа спортсмен 300-м щIигъу.
ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа спортсменхэм медаль зэмылIэужьыгъуи 6 къыщахьащ.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм къапэлъэщын къахэкIакъым Къанокъуэ Арианнэ (кг 48-рэ), Кабуловэ Миланэ (кг 78-рэ), Къуныжь Ролан (кг 81-рэ) сымэ. Килограмм 90 зи хьэлъагъ Мырзэбэч Ильяс дыжьын медалыр зыIэригъэхьащ. Абазэ Астемыррэ (кг 81-рэ) Глашэ Джаболэтрэ (кг 100) ещанэ уывыпIэхэр къахьащ.

Мэзкуу Къан.
Поделиться: