Балъкъэрхэр залымыгъэкIэ я лъахэм щрагъэкIа махуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм республикэм исхэм зэрызахуигъэзар

ПщIэ зыхуэсщI си лъахэгъухэ!
Мы махуэхэм илъэс 78-рэ ирокъу балъкъэр лъэпкъыр залымыгъэкIэ я хэкум зэрырагъэкIрэ. Гугъуехь куэдрэ щыщIэныгъэшхуэхэмрэ зышэча, а лъэхъэнэ хьэлъэм зи Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ зыфIэкIуэда дэтхэнэ унагъуэми дахуогузавэ, апхуэдэ гъэунэхуныгъэ зэрашэчам папщIэ. ЦIыху минипщI бжыгъэхэм я гъащIэр ихьащ а ­хабзэншагъэ Iуэхум. Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм къыщыхъуа нэхъ гузэвэ­гъуэшхуэхэм ящыщщ балъкъэр лъэпкъым ираха залымыгъэр. 
Псоми ди зэхуэдэ тхыдэм а и гузэвэгъуэ напэкIуэцIыр зыщыдгъэгъупщэну дыхуиткъым, икIи сытри тщIэн хуейщ апхуэдэ ­гуауэ афIэкIа зэи къэмыхъун папщIэ. 
Хамэ щIыпIэхэм балъкъэрхэр зэрыщыIа илъэс 13-р хьэлъэт икIи кIыхьт, атIэми, ­абы къызэфIигъэщIакъым а лъэпкъыр. Яхэлъ акъылыфIагъыр, шыIэныгъэр, къарур, ­захуагъэр тепщэ зэрыхъужынумкIэ яIэ фIэщхъуныгъэр къадэIэпыкъуащ абыхэм а лъэхъэнэм, апхуэдэуи ялъэкIащ я псэкупсэ лъапIэныгъэхэр, анэдэлъхубзэр, лъэпкъ щэнхабзэр яхъумэн, я щIыналъэм къэгъэзэжыфын гу къабзэрэ псэ къабзэу, гъащIэщIэ ухуэным жыджэру пэрыувэжыным хуэхьэзыру. Нобэ балъкъэр лъэпкъыр хуэфэщэну хэтщ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и лъэпкъыбэм, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэу, щIыналъэм и ­экономикэ, социальнэ, щэнхабзэ IэнатIэхэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфIхэр ­хуищIу. 
Си фIэщ мэхъу зэгурыIуэныгъэрэ мамырыгъэрэ ди зэхуаку дэлъу, ди зэкъуэ­тыныгъэмрэ зэкъуэшыныгъэмрэ дгъэ­быдэу, сыт хуэдэ гугъуехьхэми лъэпощхьэпохэми дазэрыпэлъэщыфынур, зыхуэдгъэувыж мурадхэм дазэрылъэIэсыфынур фIыуэ тлъагъу Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ди Хэку инымрэ я ефIэкIуэныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ папщIэ.

Поделиться: