IэпэIэсэхэр ягъэгушхуэ

Мы гъэм и жэпуэгъуэм Москва щрагъэкIуэкIынущ­ цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ­хэм папщIэ къызэрагъэ­пэща «Руками женщи­ны» еплIанэ дунейпсо фес­тивалыр. Зэхыхьэр къы­хэзылъхьахэм я дэIэпы­къуэ­гъущ ТуризмэмкIэ фе­деральнэ агентствэр, Евразие цIыхубз зэхуэсыр.

Урысейм и щIыналъэ 70-м щIигъум, нэгъуэщI къэралхэм щыщ бзылъхугъэ IэпэIэсэхэм я лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ, зы­хуэб­гъадэ хъун щымыIэ иджы­рей выставкэу къалъытащ япэIуэкIэ щыIахэр, уеблэмэ а гъэлъэгъуэныгъэр пашэ щыхъуащ Президент грант щыхуагъэфащэ зэпеуэм. Бзылъхугъэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъэгъуащ Франджымрэ Италиемрэ. 
Зэхыхьэм ирагъэблагъэ цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ­хэм­ я IуэхущIапIэхэм, я лIы­кIуэхэр, IэпэIэсэхэр дизайнерхэр, художникхэр, дахагъэ къэгъэщIыным епхауэ лажьэ нэгъуэщIхэри, ­УФ-м, СНГ-м, хамэ къэралхэм я турист IуэхущIапIэхэмрэ агентствэхэмрэ. 
ЦIыхубэ художественнэ IэпщIэлъапщIэхэм папщIэ ирагъэкIуэкI «Руками­ женщины» дунейпсо фестивалым и къалэн нэхъыщхьэр Урысейм, СНГ-м, нэгъуэщI къэралхэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIы­гъуэ­хэр декоративно-прикладной гъуазджэм и дахагъэмкIэ, лъэпкъ фэилъхьэгъуэ­хэмкIэ, къадекIуэкI хаб­зэхэмкIэ ягъэлъэгъуэнырщ. 
Фестивалым и программэм хыхьэу выставкэхэр, сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр, мастер-классхэр, урыс, дунейпсо къэпщытакIуэхэр зыхэтыну щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэр къызэрагъэпэщынущ. Махуищым къриубыдэу ирагъэкIуэкIыну яубзыхуа фестивалым къэралхэм я лIыкIуэхэр зы­хэтыну къэпщытакIуэ гу­пым къыщыхахынущ зэхьэ­зэхуэм щытекIуахэмрэ и лауреатхэмрэ. Апхуэдэхэм я лэжьыгъэхэр хамэ къэралхэм щагъэлъэгъуэнущ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: