IэнатIэхэм я Iуэху зыIутыр щызрагъащIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм щыIэ социально-экономикэ щытыкIэм теу­хуа зи чэзу зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Му­хьэмэд, КъБР-м щыIэ федеральнэ инспектор нэхъыщ­хьэ Мэкъуауэ Тимур, министрхэр.

Республикэм и Iэтащхьэм зэIущIэр къыщы­зэ­Iуи­хым яхуэгузэващ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ, Донбассым къыщ­хьэ­щы­жы­ным хуэгъэзауэ ирагъэкIуэкI Iуэху щхьэхуэм хэ­ту я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэ­да, дзэм къулыкъу щы­зы­щIэ щIалиплIым я уна­гъуэхэм икIи къэхъуар егъэлеяуэ и жагъуэ зэрыхъуар жиIащ. ЗэIущIэм хэтхэр хэкIуэдахэм дакъикъэкIэ щыму яхуэщыгъуащ. КIуэ­кIуэ Казбек пщэрылъ ящи­щIащ дзэм къулыкъу щы­зыщIэ щIалэхэм я унагъуэ­хэм сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуну.
ЩIыналъэм и унафэщIым жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар дэIэ­пыкъу­ны­гъэкIэ Донецк, Луганск цIыху­бэ республикэхэм ще­кIуэкI гузэвэгъуэхэм зи щхьэр къыхэзыха цIыхухэм зэрызащIигъэкъуэнур. Дон Iус Ростов ягъэкIуэнущ  етIуа­нэ автомашинэр, ерыс­къы­хэмрэ нэхъ зыхуэныкъуэну хьэп­шып­хэмрэ илъу.
- Санкцэхэр нэхъ ткIий мэхъу. Къэралыр апхуэдэ щытыкIэ зэрихуэнур, щIыналъэхэми абы къытхуихьынур гурыIуэгъуэт. Урысейм и Президентым Iэ щIи­дзащ США-м, нэгъуэщI къэралхэм жагъуэгъу щытыкIэ къы­зэрытхуаIэм къы­хэкIыу экономикэ Iэмал щхьэхуэхэр къэгъэсэбэпэным теухуа унафэм. Къэ­ралым и Правительствэм санкцэ­хэм пэ­щIэтынымкIэ оперативнэ штаб къызэригъэпэщащ икIи Урысей Федерацэм и цIыхухэр, хьэрычэтыщIэ Iуэхухэр дэIыгъынымкIэ лэ­жьы­гъэ пыухыкIахэр яубзыху. Къыпэубыдыныгъэхэр иджы зы­хуэгъэзар цIыху щхьэ­хуэхэракъым, атIэ къэралым щыпсэу псоми зэран яхуэхъунущ. Абы къыхэкIыу икIэщIыпIэкIэ щытыкIэр зы­хуэдэр зэпкърытхыу, щIыналъэм и экономикэр къэ­мытIэсхъэным хуэунэтIа хэ­кIыпIэхэр къэдгъуэтын ­хуейщ. Шэч хэмылъу, ды­щIэгузэвэн Iуэхум хэлъщ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
АдэкIэ зэIущIэм щытепсэ­лъыхьащ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зы­щиуб­гъу­ лъэхъэнэм узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и лэжьыгъэр къызэрызэгъэ­пэщам. КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам къы­хигъэщащ узыфэ зэрыцIалэр зыпкъ­рыт сымаджэхэр нэхъ мащIэ зэрыхъур. Абы зэрыжиIэмкIэ, иужьрей тхьэмахуэм ар процент ­36-кIэ ехуэхащ, госпиталхэм ягъэ­гъуэлъхэм, «ДэIэпы­къуэ­гъу псынщIэр» къы­зэрыраджэм я бжыгъэри фIыуэ нэхъ мащIэ хъуащ. Мы зэманым узыфэ зэ­рыцIалэм щеIэзэ госпиталхэм гъуэлъыпIэ 780-рэ щIэтщ,­ абыхэм ящыщу яубыдар 651-рщ. Реанимацэхэм сымаджэ 76-рэ щIэлъщ. Амбулаторэ кIэ­лъыплъыныгъэм щIэтщ цIыху мини 7-м нэблагъэ. Мы илъэсым и мазитIым къриубыдэу хущхъуэкIэ къы­зэрагъэпэщащ коронавирус узыфэ зэрыцIалэр япкърыту унэм зыщызыгъэхъуэжа сымаджэ мин 22-м щIигъу. Республикэм эпидемие щы­тыкIэр нэхъыфI зэрыщыхъуам къыхэкIыу, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и ­министерствэм зэман гъунэ­гъум къриубыдэу зэ­хуи­щIыжынущ Налшык къа­лэ клиникэ сымаджэщ ­№1-м узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэм щеIэзэ и госпиталыр, апхуэдэуи нэгъуэщI узы­фэхэр зиIэ сымаджэхэм нэхъ хуиту кIэлъыплъын щIа­дзэжынущ.
КIуэкIуэ Казбек къыхуриджащ хущ-­ ­хъуэр къэщэ­хуным ткIийуэ кIэлъыплъыну, псом хуэмыдэу лышх узыфэр зиIэ сымаджэхэр зыхуэныкъуэм гулъытэ нэхъ хуащIыну. БлэкIа илъэсым и кIэм щIыналъэм и Iэтащхьэм и унафэкIэ республикэ бюджетым къыхэкIыу а Iуэхум сом мелуан 600 хухахащ. Къалэбатэ Рустам зэ­рыжиIамкIэ, зыхуэныкъуэ хущхъуэхэр къащэху, абыхэм ящыщ зы Iыхьэ медицинэ IуэхущIапIэхэм яIэры­хьащ. Апхуэдэу абы къыхигъэщащ, препаратхэм ящыщ зыкъом фармацевт Iуэ­ху­щIапIэхэм зэрыщамыгъуэ­тыр, хэ­кIыпIэхэр къалъыхъуэу УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и ми­нис­терст­вэм, къищынэмыщIауэ, хущ­хъуэ­хэр къыщIэ­зыгъэкI­хэмрэ ахэр зезы­гъакIуэ­хэмрэ зэрызэпащIар. Аптекэхэр хущхъуэкIэ къызэ­рызэгъэпэщам и гугъу щищIым, министрым жиIащ а Iуэхур тэмэму зэрызэтеублар.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ иужь­рей махуэхэм рес­публикэм и цIыхухэр урысей банкхэм санкцэхэр зэран къахуэхъункIэ щыIэ шы­нагъуэхэм зэригъэгузавэр. Мусуков Алий жиIащ цIыхухэм жыджэру банкхэм щаIэ ахъшэ хэлъ­хьэныгъэ­хэр къызэрыхахыжым теу­хуауэ щыIэ зэрыхьзэрийр социальнэ напэкIуэцIхэм къыщ­рахьэкI хъыбар нэпцI­хэм къызэрашар, иджыпсту ар нэхъ мащIэ зэрыхъуар. «Дэтхэнэми банкым къыхахыжыну къагъэлъэгъуа ахъ­шэр яIэрыхьэжащ», - къыхигъэщащ абы.
- Экономикэ щытыкIэр щы­зэIыхьэ, санкцэ уна­фэхэр къыщежьэ лъэхъэ­нэхэм валютэхэм епха Iуэху­хэр ебгъэкIуэкI, уи мылъкумкIэ шэсыпIэ уихьэ хъунукъым. ЛъапIэу къэпщэхуа валютэр, къэралым щы­тыкIэр зэпIэзэрыт щыхъуж­мэ, пудыбзэ хъужынущ. Гужьеигъуэм зебгъэубыд хъунукъым. Урысей Федерацэм нобэ иIэ дыщэ гъэтIылъыгъэм къэралым Iэмал къритынущ илъэс зыбжанэкIэ и финанс системэр зэпIэ­зэрыту екIуэкIыну, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Республикэм и бэзэрхэм къыщекIуэкI Iуэхухэми щы­тепсэлъыхьащ зэIущIэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­пуб­ликэм про­мышленос­тымкIэ, энергетикэмрэ сату IуэхухэмкIэ и министр Iэхъуэбэч Щамил и гугъу ищIащ абы щекIуэкI уасэхэр зы­хуэдэм махуэ къэс зэ­ры­кIэлъыплъым. ИджыпстукIэ хьэпшыпхэри ерыскъы­хэкI­хэри зэпэубыдакъым, уасэхэри егъэ­­леяуэ дэуеякъым. Ауэ министрым къы­зэригъэлъэгъуамкIэ, Крас­нодар, Ставрополь крайхэм щыщу зыдэлажьэ хьэры­чэтыщIэхэм хъыбар кърагъэщIащ я хьэпшыпхэм я уасэхэм хэхъуэнкIэ зэрыхъунум теухуауэ. Iэхъуэбэч Щамил жиIащ ФАС-мрэ МВД-мрэ я лIыкIуэхэр хэту уасэхэм кIэлъыплъ штаб къы­зэрызэрагъэпэщар. Хабзэм къемызэгъыу уасэр дэзыгъэуейхэм яхуэгъэзауэ штабым иIэ хуитыныгъэм тещIыхьауэ унафэ пыухыкIахэр ищIынущ.
КъБР-м и Iэтащхьэм пщэ­рылъ ящищIащ ткIийуэ а Iуэхум кIэлъыплъыну, псом япэрауэ, ерыскъыхэкIхэмрэ япэу зыхуэныкъуэ хьэпшып­хэмрэ я уасэр къемызэгъыу дэмыгъэуеиным.
- Хамэ къэрал ахъшэхэр зэрыхэ­хъуэм папщIэ цIыху­хэм зэуэ техникэхэр къащэхун щIадзащ - я мылъкур абы халъхьэу. Ар захуагъэкъым. Азиатхэм къыщIагъэкIахэр щыIэщ, абыхэм я техникэхэр куэду къытIэрохьэ. Ап­хуэ­дэ хьэпшыпхэр зэщIэпщэхуэныр Iэмалыншагъэкъым, - жиIащ КIуэ­кIуэ Казбек.
ЩIыналъэм и унафэщIым Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу я нэIэ зытетын хуейуэ къыхигъэщащ ерыскъыпхъэ шына­гъуэн­шагъэр, псом хуэ­мы­дэу мэкъумэш хозяйствэм и лъэныкъуэкIэ.
- Мэкъумэш хозяйствэм щы­лажьэхэм дэIэпыкъуэгъу дазэрыхуэхъуфыну Iэмал пс­ори къэгъэсэбэпын ­хуейщ, - къыхигъэщащ КIуэ­кIуэ Казбек. - Абы и лъэныкъуэкIэ дыщогугъ къэрал къулыкъущIэхэм унафэ пыухыкIахэр къащтэну. Гъатхасэ Iуэхухэр къызэпы­мыу­дыным ди къару псори етхьэлIапхъэщ.
КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн зэрыжиIамкIэ, Iуэхур ткIийуэ я нэIэм щIэтщ, министерствэм, агропро­мыш­леннэ комплекс­хэм, щIыналъэ администрацэхэм, а унэтIыныгъэмкIэ щыIэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр зыхэт оперативнэ штаб къызэрагъэпэщащ. Мы зэманым бжьыхьэсэ къэ­кIыгъэхэм щIыгъэпшэр щIалъхьэ, гъатхасэми ­щIа­дзащ. ЖылэкIэ ирикъуу къы­зэ­гъэ­пэщащ, ахэр щыIэ мардэхэм тету нэхъапэкIэ зэ­рагъэпэщат. КъэкIыгъэ­хэр зэ­рытхъумэн, дазэры­кIэлъыплъын IэмалхэмкIи дыкъэзылъахъэ щыIэкъым.
- Дэтхэнэ метр зэбгъузэнатIэми зыгуэр хэсауэ щы­тыпхъэщ. Зыгуэрым жылэ иримыкъуауэ, нэгъуэщIым щIыгъэпшэр зэримыгъэ­пэщыфауэ псалъэмакъхэм хуэдэ щыIэн хуейкъым. Санкцэхэм емы­лъы­тауэ, мэкъумэш­хэкIыу нэхъыбэ къыщIэдгъэкIы­ныр ди къалэнщ, - жиIащ щIыналъэм и Iэтащхьэм.
Лъэпкъ проектхэр гъэзэ­щIа зэрыхъум и гугъу щищIым, КIуэкIуэ Казбек хэкъузауэ къыхигъэщащ къэрал пщэрылъхэр псори гъэ­зэ­щIауэ зэрыщытыпхъэр. ­КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хо­зяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн жиIащ мы илъэсым гъуэгу ухуэныгъэхэм сом меларди 3,9-рэ зэрыхуха­хар. Псори зэхэту республикэм объект 60-м лэжьыгъэхэр щекIуэкIынущ - ар ­гъуэгу километри 170-рэ мэхъу. ЩIыналъэ мы­хьэнэ зиIэ гъуэгухэр зэгъэ­пэщыжыным сом мелуан 850-м нэблагъэ хухахащ, а Iуэхум хуэунэтIауэ апхуэдиз мылъку иджы япэу къа­Iэрыхьэу аращ.
КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ республикэм и къа­лэ цIыкIухэми дэIэпыкъу­ныгъэ ягъуэтынущ. Тэрч, Май къалэхэм я уэрам нэхъыщхьэхэр, лъэс зекIуа­пIэхэр, гъуэгу зэпрыкIы­пIэ­хэр зэ­рагъэпэщыжынущ. КъыкIэлъыкIуэ илъэс­хэм апхуэдэ лэжьыгъэхэм къы­щыпащэнущ рес­публикэм и адрей ­къалэ цIыкIухэми.
КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим тепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэм хэту ирагъэкIуэкI ухуэныгъэ, зэгъэпэ­щыжы­ныгъэ лэжьыгъэхэм. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, ку­рыт еджапIэу 7, социаль­нэ объект зэхуэмыдэхэр яухуэну къапэщылъщ. «НэхъапэкIэ ­едгъэжьа лэжьыгъэхэр зэрыдубзыхуам тету йо­кIуэкI, - къыхигъэщащ министрым, - ауэ шынагъуэ щыIэщ ухуэныгъэм етхьэлIэну языныкъуэхэр тэ­мэму дымыгъуэтынкIэ».
- Экономикэм къыщыхъу дэтхэнэ зы зэхъуэкIыныгъэми псынщIэу гу лъыттэн, псоми хэкIыпIэ къыхуэдгъуэ­тын ­хуейщ. Экономикэм, егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэн IэнатIэм, щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ адрей унэтIыныгъэхэми зэпыуныгъэ гуэри къыщыдгъэхъу ­хъунукъым. Ди экономикэр нэхъ зэпIэ­зэрыту къэнэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ диIэщ мэкъумэш хозяйст­вэр, туриз­мэр, къищы­нэ­мыщIауэ, проект куэдыр зэрыдгъэзэщIэн мылъку бюджетым щыхэхащ. Ды­зэрылэжьам хуэдэу адэкIи едгъэкIуэкIынущ, ди Iуэхур нэхъыфI щыхъу IэнатIэхэри диIэу, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: