Гъатхэ, гуапагъэ, гулъытэ

Ди къэралми дунейм и нэгъуэщI щIыпIэхэми щагъэлъапIэ цIыхубэм я гум, я псэм къехуэбылIэ махуэшхуэ дахэр - Гъатхэпэм и 8-р.

Дунейм и щIэрэщIэгъуэр, гъащIэм и IэфIыпIэр псоми захригъащIэрэ цIыхубзхэр дапщэщи гулъытэ хэха зэрыхуэныкъуэмрэ ар зэрыхуэщIыпхъэмрэ куэдым ягу къигъэкIыжу апхуэдэщ а махуэр. ЦIыхубз­хэм я дунейпсо махуэшхуэр. ЕпщыкIубгъуанэ лIэ­щIыгъуэм икухэм махуэгъэпсым япэу къыхагъэбелджылыкIа а махуэшхуэм политикэ мыхьэнэ иIами, нобэ ар гуапагъэм, гулъытэм, лъагъуныгъэм я нэ­щэнэ дахэу аращ.
Тхыдэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Урысейм Гъатхэпэм и 8-р япэ дыдэу щыщагъэлъэпIар 1913 гъэращ. ИужькIэ абы къыщытрагъэзар Совет властыр зэрыуврэ илъэс зыбжанэ дэкIа нэужьщ. 1921 гъэм Бзылъхугъэхэм я коммунист конференц иным къыщащта унафэхэм ящыщт Гъатхэпэм и 8-р ди къэралым илъэс къэс щыгъэлъэпIэныр. ЦIыхубэм мы-хьэнэшхуэ ирату, жылагъуэм Iэтауэ щагъэлъапIэ махуэшхуэр 1966 гъэм зыгъэпсэхугъуэ махуэу ягъэувауэ щытащ. Абы теухуа Унафэ щхьэхуэ къищтащ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым. «ЦIыхубз псоми я махуэ» хъуащ ар икIи иджырей гуфIэгъуэ шыфэлIыфэхэр къищтащ, ипэкIэ иIа политикэ мыхьэнэр щIэкIри.
Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэми (ООН) гулъытэшхуэ хуещI ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэшхуэр гъэлъэпIэным. Абы и жэрдэмкIэ къэрал куэдым зыбжанэрэ щрагъэкIуэкIащ Бзылъхугъэхэм я илъэс, цIыхубзымрэ абы и унагъуэмрэ я гъащIэр, псэукIэр ирагъэфIэкIуэн мурадкIэ, властыр зыIэщIэлъхэм абы гулъытэ хэха хурагъэщIын папщIэ.
ЗэрытщIэщи, сыт хуэдэ лъэхъэни цIыхубзым и къалэн нэхъыщхьэ дыдэу щытыр унагъуэм и гупсэу, быным я анэу щытынырщ, абыхэм гъэсэныгъэ екIу яхилъхьэнырщ. Ар бзылъхугъэхэм къахуиуха лъапIэныгъэ инщ икIи унафэщIхэм абыкIэ сыт и лъэныкъуэкIи зыщIагъакъуэ унэгуащэхэм, анэ бы­ныфIэхэм. Иужьрей лъэхъэнэм ди къэралым гулъытэ хэха ще­гъуэт анагъэм пщIэ хуэщIыным, унагъуэр гъэбыдэ­ным хуэгъэпса Iуэхухэм. Ар бын зыпI анэхэм ящыщ дэтхэнэми зыхищIащ, псом хуэмыдэу, коронавирус уз зэрыцIалэр къызэрыунэху лъандэрэ блэкIа илъэсхэм. Быныр пIынымкIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ зымы­гъуэта зы ани искъым ди хэкум.
Къыпхуэмылъытэным хуэдизу инщ бзылъхугъэм и зэфIэкIыр, акъылыр иджырей зэманым здынэсар. ГъащIэм и фIыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм: жьэгу пащхьэм, анагъэм, быным - епха къалэнхэм къадэкIуэу, иджырей цIыхубзхэр лъоIэсыф икIи хэлъхьэныгъэ ин хуащIыф политикэм, экономикэм, щэнхабзэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэхэм, къулыкъу лъагэхэр ехъу­лIэныгъэ пылъу зэрахьэф. Ди мащIэкъым уна­гъуэри лэжьыгъэ IэнатIэри екIуу зэдэзыхь бзылъхугъэ щыпкъэхэр.
ГъащIэр псэ къабзагъэкIэ, щыпкъагъэкIэ, дахагъэкIэ, гуапагъэкIэ, IэфIыгъэкIэ зыгъэнщI бзылъхугъэ псоми - анэхэм, пхъухэм, шыпхъухэм, щхьэ­гъусэхэм - дохъуэхъу Гъатхэпэм и 8-мкIэ. Фи щхьэкIэ, фи унагъуэкIэ насып фиIэну, фи хъуэпсапIэхэр на­хуапIэ хъуну, фи Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ сыт щы­гъуи фи гъусэрэ я гулъытэ фыщымыщIэу фыпсэуну Тхьэм жиIэ!

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ