Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм теухуа и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубз лъапIэхэ!
Сынывохъуэхъу къэблэгъа махуэшхуэмкIэ - ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэмкIэ!
А махуэм дэ дызэкъуегъэувэ, цIыхубз-анэм, гъащIэм Iэпэгъуу щыдиIэ бзылъхугъэм, унагъуэ жьэгум и хъумакIуэм пщIэшхуэрэ фIы­щIэ инрэ яхуэтщIын папщIэ. Фэ фи фIыгъэ куэд хэлъщ дэ нэхъ къа­рууфIэ дызэрыхъум, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрыдгъэхьэным дызэ­рыхущIэкъум.
Фэ щIэгъэкъуэн фыкъызэрытхуэхъум, къывбгъэдэкI гу щабагъэм, быным фызэрелIалIэм, унагъуэм зэрызыщIэвгъакъуэм, абы и зэIу­зэпэщыгъэр егъэфIэкIуэным и Iуэху зэрызефхуэм - а псоми фIыщIэ ин къалэжь. Абыхэм къадэкIуэу ехъу­лIэныгъэхэр щывиIэщ фызыпэрыт IэнатIэхэм. ДигукIи ди псэкIи дрогушхуэ щэнхабзэм, щIэныгъэм, спортым, егъэджэныгъэм, къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ жылагъуэ ­гъащIэмрэ зэфIэкI инхэр къызэры­щывгъэлъагъуэм.
ФIыщIэ хэха яхузощI медицинэ IэнатIэм пэрыт бзылъхугъэхэм. Уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм хэкур щызэщIиубыда лъэхъэнэ хьэлъэм фэ фхулъокI фи къалэнхэр къы­зыхуэтыншэу, гушхуэ фиIэу, Iэзагъ ин вбгъэдэлъу вгъэзэщIэну, цIыху гъащIэр узыфэ хьэлъэм къыIэ­щIэхыным фыхущIэкъуу, зэхэщIыкI фиIэу сымаджэм фыбгъэдэту.
Ди цIыхубз лъапIэхэм си гуапэу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, зэIу­зэпэщыгъэ, насып фиIэу фып­сэуну.

Поделиться: