ЛIыгъэм и дерс

КъБР-м и полицейхэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм ящIыгъуу «ЛIыгъэм и тхьэмахуэ зэхуаку» акцэм хыхьэ Iуэху щхьэпэхэр республикэм щрагъэкIуэкI.
Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ управленэм и Полицэм и къудамэ №2-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэу, полицэм и майор Бэрзэдж Анетэрэ полицэм и лейтенант нэхъыщIэ Къармокъуэ Эллэрэ, Управленэм дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Бэгъуэт Хьэмидбий ящIыгъуу лIыгъэм и дерс драгъэкIуэкIащ курыт еджапIэ №28-м и 7-нэ классым щIэсхэм.
Инспекторхэр тепсэлъыхьащ Хэкум и хъумакIуэм и махуэм и тхыдэм, лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм, къэралым хуэпэжын, фIыуэ лъагъун зэрыхуейм.
Псалъэмакъ щхьэпэм къриубыдэу еджакIуэхэм ягу къагъэкIыжащ Налшык къалэ и школхэмрэ уэрамхэмрэ зи цIэхэр фIаща лIыхъужьхэр, яфIэгъэщIэгъуэнхэмкIэ хьэщIэхэм еупщIащ икIи зэпкърыхауи жэуапхэр къратыжащ.
Псалъэмакъ гъэщIэгъуэным и кIэухыу Бэгъуэт Хьэмидбий щIэблэм яжриIащ зэIузэпэщыгъэрэ мамырыгъэрэ яIэну зэригуапэр.

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: