НэхъыфIхэр къыхахащ

«Адэ-анэхэм я къалэнхэр хагъэзыхьурэ езыгъэгъэзащIэ IэнатIэхэр – сабийхэм» зэпеуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжащ. Алиментхэр егъэтыным телажьэ суд пристав нэхъыфIу республикэм къыщалъытахэр наIуэ къэхъуащ.
Урысейм и Суд приставхэм я федеральнэ къулыкъущIапIэм ирегъэкIуэкI зэпеуэр хуэунэтIащ къащта унафэхэм зэрытетыр къэпщытэным, сабийхэм я хуитыныгъэхэмрэ я сэбэп зыхэлъхэмрэ хабзэм ипкъ иткIэ къащхьэщыжыным, адэ-анэхэм я бынхэр япIыжыным теухуауэ я пщэ къыдэхуэ къалэнхэр егъэгъэзэщIэным. Сабийхэм я сэбэп зыхэлъхэр хъумэным нэхъ жыджэру яужь ит суд приставхэм гулъытэ хуащI.
Урысей ФССП-м и управленэу КъБР-м щыIэм нэхъыфIхэр къыхихащ унэтIыныгъитIкIэ: «алиментхэр егъэпшыныным ехьэлIа унафэхэр гъэзэщIэн», «алимент тыным зыпыIузыдзхэр уголовнэ жуапым ешэлIэн». Якъалэнхэм нэхъыфIу пэлъэщауэ къалъытащ Аруан район къудамэм и суд пристав-гъэзэщIакIуэ ЛIыхъугу Мартинрэ Шэджэм район къудамэм и дознаватель Уэдыжь Рустамрэ. АдэкIэ ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу хэтынущ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыщ я лэжьэгъухэм я зэпеуэм и етIуанэ Iыхьэм.
IэнатIэхэм я унафэщIхэм зэрыжаIэмкIэ, Мартини Рустами я IэщIагъэм фIыуэ хащIыкI, я лэжьэгъухэми псалъэ гуапэхэр хужаIэ, хабзэ, пэжагъ зыхэлъ ныбжьэгъуу зэрыщытри къыхагъэщ.

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: