Гъатхэ

Гъатхэр щыбауэкIэ, уафэм зеукъэбзыж, жыгхэр мэтIэпI, удзхэр мэгъагъэ, псынэпсыр мэуэршэр. Бзухэрщ и уэрэдусри, щIыуэпсым макъамэ къыхах, уафэм щагъафIэри, щIылъэм щызэдожьу. Дыгъэм егуэш насып, бзийхэр зэкIэщIипхъауэ. Гъатхэм гухэлъыр мэуш, пщIыхь дахэхэм хапIыкIауэ. Гъатхэм къыхех мэ гуакIуэ, псэхэр зогуакIуэ гъатхэм. ЩIылъэм щитIагъэ фащэр гухэлъкIэ хедыкIыр уафэм. Вагъуэхэр зоIущащэ, зэхалъхьэу щIалэгъуэ псысэ. ГукъэкIыж лъахэщ гъатхэр. Гъэгъам жьы мащIэр щеIусэкIэ, дыгъэр хьэуам щеIубкIэ, гум щыIурех щэху гуэрхэр. Гъатхэм гугъэ и гъусэщи, гъащIэщ дунейм къиплъысыр!

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ