АдрыщI шу

Хъыбарыжь

… Мыпхуэдэ хъыбар яIуатэу зэхэсхащ, пцIыи пэжи, тхьэм ещIэ. Зэрызэхэсхам хуэдэу вжызоIэж. Хуейми ирепэж, хуейми ирепцI – ара-тIэ, нэхъыщхьэр? Аракъым. Ящыгъупщэркъым – аращ нэхъыщхьэр…
Кърым хъаныр дзэшхуэ щIыгъуу Къэбэрдейм къихьат. «Къэбэрдейхэр жыIэмыдаIуэ хъуащ. ЗывэзгъэцIыхужынкъэ!» - жери къэгубжьри къэкIуат.
КъакIуэри Гум Iуфэ къыIутIысхьащ, и дзэр псы Iуфэм Iут мэз лъагуэм щIигуэшащ. Псым къызэпрыкIын тегушхуэртэкъым: мыдрыщIкIи мэзщ, къэбэрдейхэм ар тIысыпIэ ящIауэ къыпэплъэмэ ищIэрэ? Сыт хуэдиз зауэлIи ягъэшэсыфауэ пIэрэ? Я къару здынэсыр умыщIэу уапэув хъурэ?..
Хъаныр псы Iуфэм къыIутщи, къоплъэ. Къэбэрдейхэми зыкъагъэхъейркъым, езыми ярикуркъым. Псым узэпрыплъмэ, мэзым Iугъуэ мащIэ адэ-мыдэкIэ къыхеху, къэбэрдейхэр къызэрыпэтIысам шэч хэлъкъым. Ауэ дапщэ хъурэ къапэтIысар? Ныжэбэ тIасхъэщIэх игъэкIуати, къигъэзэжыркъым…
Хъаныр жыг къуагъым къыкъуоплъ, псым зэпроплъри щытщ. «Дзэр есшэжьэнт, псым адрыщIкIэ щысхэм я бжыгъэр сщIатэмэ…» - и щхьэм щIотIахъуэ хъаныр…
АдрыщIкIэ шу гуэр псы Iуфэм къыIухьащ. КъыIухьащи, шыр егъэджэгу, псы Iуфэм Iут удзыпцIэр еутэ.
Хъаныр, Iэдакъэжьауэ ищIри, псым зэпрыплъащ. «Ар къытIэрыхьатэмэ, къедгъэIуэтэнт…», - и щхьэм хужиIэжурэ кIэлъоплъ шум.
Шур мэджэгу, шыр егъатхъуэ.
- Къафщтэт си фочыр!
Хъаным и фочыр къыхуахь.
АдрыщIкIэ щыджэгу шум трегъапсэри, кIакхъур щIеч.
Шур, щхьэщIыбкIэ йощIри, уанэгум йоджалэ…
Хъаным зы зауэлI зыбгъэдешэ:
- КIуэи, и псэр хэмыкI щIыкIэ, къызэпрых: абы къедгъэIуэтэнщ къытпэтIысам я бжыгъэр…
Хъаным и зауэлIыр, шым зредзри, псым зэпроцIэфт. Уанэгум къилэл шур къипхъуэтэну щыIэбэм, модрейр къопхъуэ, хъаным и зауэлIыр еубыд, шыплIэм дедзэри, мэзым щIохьэж…
ЕтIуанэ махуэм хъаным и дзэм нэху къытещхьащ, адрыщIым исахэм къаувыхьауэ…

Поделиться:

Читать также: