Бдзэжьеящэ Алий

Курд таурыхъ
Зы гуэлышхуэ гуэрым и Iуфэм бдзэжьеящэ Алий щыпсэурт и бынунагъуэм щIыгъуу. Пщэдджыжьым жьыуэ Алий бдзэжьеящэ дэкIырти, пщыхьэщхьэр фIыуэ хэкIуэтауэт къыщыкIуэжыр. КъыщимыхьIаи къэхъурт. Махуэ псом хъым бдзэжьей къыщимыхьэ щыIэт. Апхуэдэ махуэхэм Алий хуабжьу нэщхъей хъурт.
    Зэгуэрым, и къуэри зыщIигъури, Алий гуэлым кIуат. Хъыр хидзэщ, тутын щIигъанэри, пэплъэу щIидзащ. Асыхьэту хъыр хъеящ. Ар Алий пIащIэу къыхихыжыну къекъуащ. Ауэ сыт имыщIами, къыхухэхакъым. Хъым бдзэжьей ин дыдэ къихьауэ гурыщхъуэ щищIым, хъы кIапэр и къуэм къритри, езыр унэм щIэпхъуэжащ, ар псым къызэрыхихын Iэмэпсымэ къихьыну.
Зи закъуэ къэна щIалэм къилъэгъуащ хъым къихуа дыжьыныфэ бдзэжьей дахэр.
«Псори хуейщ щхьэхуиту щытыну», - жиIащ бдзэжьеящэм и къуэм икIи, куэдрэ мыгупсысэу, бдзэжьейр хъым иригъэкIыжащ. Бдзэжьейм, щIалэм фIыщIэ къыхуищI хуэдэ, лъагэу зыдридзейри, псым зыхидзэжащ. Куэд мыщIэу адэр къэсыжащ.
- Дэнэ щыIэ бдзэжьейр, шыдыщхьэ? – кIиящ Алий икIи и къуэм и нэкIур къыхурихулэкIащ.
ЩIалэм хъыр иутIыпщри, зы псалъэ жимыIэу, IукIри ежьэжащ. Унэм къэсыжри и анэм жриIащ и адэм щIыгъуу абы фIэкI зэрымыпсэунур.
- Ар сэ къызэуащ бдзэжьейр зэрызутIыпщыжам щхьэкIэ, - жиIащ щIалэм, игу хэщIу. ЗызэщIикъуэщ, и анэм сэлам ирихыжри гъуэгу теуващ.
Махуищ дэкIауэ Алий и къуэр IуощIэ Ахьмэд зи цIэ щIалэм.
- Сэри насып сылъыхъуэу сыкъежьауэ аращ, - жеIэ Ахьмэд. – Зэкъуэшым хуэдэу дызэхущытынщ. ТIу дызэрыхъур нэхъыфIщ.
Куэдрэ кIуащ ахэр. Сытми, нэсащ къалэшхуэ гуэрым. Къытехутащ абы щыIэ бэзэрышхуэм. Хьэпшыпхэр зыщэхэм я макъ къызэрихькIэ ираджэрт щэхуакIуэхэр. IэфIыгъэ Iэджи телът абы: фо, пхъэщхьэмыщхьэ, рахат-лэкъум, хьэлва, шербет… Абыхэм ящыщ къащэхущ, яшхри къуэш зэрыщIахэм лэжьапIэ къалъыхъуэу хуежьащ. Ахэр къыщыувыIащ тыкуэнышхуэ гуэрым пэгъунэгъуу. Ар зей лIым мо щIалэ лъэрызехьитIыр игу ирихьащ.
- Тхьэ соIуэ, фэ тIум я зыр лэжьакIуэ къэсщтэнукIэ. Си хьэпшыпхэр зыщэн сыхуейщ. Ар уэ къалэн пщызощI, - къыжриIащ абы Ахьмэд. – Уэри Iуэхуншэ ухъункъым. Мо псым зэпрыкIи, абдеж щыт тыкуэныр зейм жеIэ Муса узэригъэкIуар.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ щIалитIми лэжьыгъэ щагъуэтащ тыкуэнхэм. АрщхьэкIэ Алий и къуэр зыхуэлажьэм и Iуэхухэр дэкIыртэкъыми, щIалэ тхьэмыщкIэр и ныбэ изу шхэртэкъым.
Апхуэдэурэ илъэс дэкIащ. Ахьмэд къулей хъуащ. Зэгуэрым ар Алий и къуэм деж макIуэри жреIэ абы фIэкIа мы къалэм дэмысыжыну зэримурадыр.
- Уэри укъэзгъэнэнукъым мыбы, - жиIащ Ахьмэд. – Нобэ мы къалэм дызэрыдэкIыжымкIэ узыхуэлажьэм хъыбар егъащIэ.
- Дэнэ-тIэ дыздэкIуэнур? – щIэупщIащ Алий и къуэр.
- ИужькIэ къэпщIэнщ, - жиIащ Ахьмэд.
Арати, ахэр зэгъусэу гъуэгу теувэжащ. КIуэурэ, гуэл гуэрым деж нэсауэ Ахьмэд къригъэжьащ:
- Мыбы дэ зэкъуэш дыщыхъуащ икIи тхьэ зэхуэтIуащ сыт щыгъуи зыр адрейм дыдэIэпыкъуну. Мы къалэм дэ зэгъусэу дыкъэкIуащ. Сэ къулей сыщыхъуащ, уэ уи насып къыщикIакъым. Къеплъыт, сыт хуэдиз дыщэрэ хьэпшып лъапIэрэ сиIэ! Иджы а псори уэ ууей хъуащ. ФIы зыхуэпщIам зэи щыгъупщэ хъунукъым. Фи деж гъэзэж, жьы хъуа уи адэ-анэм ябгъэдэтIысхьэжи, иджыпсту уцIыху гуапэу, уи сэбэп нэгъуэщIхэм ебгъэкIыу, мис а хъым сыщибгъэкIыжауэ щыщыта махуэм хуэдэу, дунейм утетыху адэкIи псэу.
Ахьмэд ар жиIэщ, япэм зэрыщытауэ дыжьыныфэ бдзэжьей дахэ хъужри, гуэлым хэпкIэжащ.

ЗэзыдзэкIар Къагъырмэс Борисщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ