Жеиншэ жэщыр тхылъым и махуэщ

(Бейтыгъуэн Сэфарбий и жыIэгъуэм щыщ)
Цыжьбанэми зы банэ темыт и гугъэщ.
Псэмызагъэми щхьэмыгъазэу зилъытэжынущ.
Лъэхъэнэ жыжьэм халъхуэну цIыхухэр уахътыншэу дунейм тетынущ.
ЩIегъуэжыныр куэдрэкъым – узэхъуажэм тегушхуи аращ.
Делэм зыдигъэшурэ губзыгъэм IумпIафIэ ещI.
Уишрэ уи фызрэ уи дзыхь йомыгъэз жызыIам и щхьэр къыщыгъупщащ.
ЗэхуащIахэр зэзыхъуэныжхэр сыт щыгъуи зэбийуэ къыщIедз.
Гъуэгу пхэнжым теувэр нэхъ захуэм ирикIуэу къыфIэщIынущ.
Тыншыгъуэ лъыхъуэр гугъуехьым пэщIохуэ.
И мыхьэнэм щIимыгъуу икIи кIэрымыхуу зыщIэ щыIэу пIэрэ?
Факъырэ гупым бжьыпэр ныбэизым щиIыгъщ.
Щхъухь-псыхьым и къалэныр щытхъумкIэ зэфIокI.
ЦIыхубз псалъэм и мыхьэнэмкIэ узэупщIынури цIыхубзщ.
 Губзыгъэр делэм щехъуэжэни щыIэщ.
Къэралым и щIыхьыр цIыхубэм пщIэуэ хуащIым хуэдизщ.
Быныр адэ-анэм едаIуэр содэ, езы тIур узэдэIуэн хуэдэмэ.
Жеиншэ жэщыр тхылъым и махуэщ.
ЦIыхубэм нэхъыбэр ныбэщ.
Уи лъэпкъкIи уи щхьэкIи укъызыхэкIар умыгъэикIэ, щытхъу мышукIи умыцIалэ.
ПцIым и лъабжьэр пэжщ.
Псэр гугъэнымрэ къэпцIэнымрэ хуэгъэпсащ.
ГукIэ жаIэмкIэ псори зэщхьщ.
Жьгъейм и уасэр сатум ещIэ.
ФIы зыщIэр нэхъыбэм щIогъуэж.
Ахърэтым нэсахэми хуопсалъэ.
ЖэнэткIэ гугъэри, жыхьэнмэм щыщтэри къопцIэр.
Илъэсищэхэр гъуабжэгъуэщу мэбзэх.
Гъуэгу хьэзырым ирикIуэри, IэпэкIэ зэрашэри зэщхьщ.
Бегъымбархэр къоунэху къуохьэж, цIыхуцIыкIухэр къалъху мэлIэж.
Щыблэм щхьэ фIэткъым.
ЛъэхъуэмбыщIэм зытомыгъэгусэ – фIыщIэ жыгыу аращ щыIэр.
Сыт къысфIащми, пцIымрэ емрэ си IупэфIэгъуу щытауэ жаIэнкъым.
Езыр-езыр зэфIыхьэр иужь уихьэкIэ зэфIэкIыркъым.
ПэжкIэ гуэныхь къахь, пцIыкIэ псапэ ящIэ.
Нэм бжэгъуу къыщIэуэм нэр пэрыуэркъым.
Псэ пцIанэр фэбжь зытехуа Iэпэм хуэдэщ – дэнэкIэ зигъазэми зыгуэрым жагъуэу жьэхоуэ.
Уи IэкIэ зэIыпщIам зэIыхыж иIэкъым.
Зэрыхъун хъуар унэхъуащ.
ДелэмкIэ пэжыр, IущымкIэ нэпцIщ.
Псэуныгъэ къудейм къыхуигъэщIар псэущхьэщ.
Зызэбгъэщхьыр хьэл мыгъуэ пхуохъу.
ГъащIэр гу кIуэм хуэдэщ: зыр шэрхъым гудзэ хуохъу, адрейм къыхеуд.
КъуэгъэнапIэр IуплъапIэ гъэпщкIуащ.
ПцIыкIэ псапи ялэжь, гуэныхьи къахь.
Акъылыр насып гъуэгу ирикIуэгъуейщ.

Поделиться:

Читать также: