Сакъын зэрыхуейр зыщывмыгъэгъупщэ

МЧС-м къет

2022 гъэр къызэрихьэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм 94-рэ щатхащ удзхэкI гъуам мафIэ щIэнауэ ису. МафIэсгъэункIыфIхэр зы жэщ-махуэм къриубыдэу апхуэдэ IуэхукIэ 24-рэ дэкIын хуей щыхъуа щыIащ.

ЖыпIэнурамэ, мафIэсхэм я нэхъыбапIэр къохъу цIыхум и зэранкIэ. КIэлъымыплъу къагъанэ мафIэм, ямыгъэункIыфIауэ хыфIадзэ тутыным е сенычым шынагъуэ кърикIуэнкIэ зэрыхъунур ящогъупщэ. МафIэ щIыпIэм пэгъунэгъу къэкIыгъэ гъуар къэлыдынкIэ, ар жьым ирихьэжьэу лыгъэшхуэ хъункIэ, хэщIыныгъэшхуэ къишэнкIэ, псэупIэхэм, промышленнэ IуэхущIапIэхэм нэсынкIэ, нэхъыщхьэращи, апхуэдэм цIыху хэкIуэдэнкIэ хъунущ.

МЧС-м жэщ-махуэ имыIэу спутник кIэлъыплъыныгъэ щрегъэкIуэкI мафIэс къыщыхъункIэ хъуну щIыпIэхэм, абы республикэм и щIыналъэри хыхьэу.

Удз гъуахэмрэ ежьужьхэмрэ зыгъэсхэм мафIэсым зыщыхъумэным къигъэув хабзэхэр ямыгъэзащIэмэ, административнэ жэуап яхь УФ-м и кодексым и 20.4 статьям и 1-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ. Къапщтэмэ, мыпхуэдэ къуэдыхэр тралъхьэ:

- цIыхухэм апхуэдэу пщIы зэрымыхъунур гурагъаIуэ е административнэ тезыру сом 2000-м къыщыщIэдзауэ 3000-м нэс тралъхьэ; къулыкъущIэхэм - сом 6000-м къыщыщIэдзауэ 15000-м нэс, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэм - сом 20000-м къыщыщIэдзауэ 30000-м нэс, мылъку хэха зиIэ IуэхущIапIэ зыгъэлажьэм - сом 150000 къыщыщIэдзауэ сом 200000-м нэс ирагъэпшын.

Административнэ жэуапым ирашалIэ тхьэмпэхэр, удзхэмрэ нэгъуэщI къэкIыгъэхэкIхэмрэ жылагъуэм къагъэсэбэп е хозяйствэ субъектхэм я щIыпIэхэм щызыгъэсхэр.

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться: