Лъагъуныгъэ нэфIэщI

Гупсысэр - псалъэкIэ

ЦIыхуфэм дэхуэнур зыхуэдизыр къихутэн мурадкIэ дунейм дыкъытриутIыпщхьами ярейщ дыкъэзыгъэщIам. СогъэщIагъуэ, дыгъуасэ уи макъ сыхуэлIэу, уи Iуплъэгъуэ сызэрихуэнур къысхуэмыгъэсу зэманым сеныкъуэкъуащ. Си фIэщ хъурт уэри апхуэдэ зыгуэркIэ уи гур къысхуэпабгъэу. СелIалIэртэкъым псалъэ хэщыпыхьахэри уэркIэ къыхэсхын зэрыхуейм – къызэрыгуэкIыу, къыпылъэдам езмыгъэгъэзэжу сынопсэлъэфмэ сеплъыну мурад сщIат. Си гугъэт уи нитIым си гум щызу IэфIагъ къащIэсхыну, ди зэхуэзэм си гуныкъуэгъуэ псори дэужьыхыну. Ауэ сыт хуэдэ гугъапIэ симыIами, псори нэр изыщI щхьэгъэпцIэжти! Дэнэ кIуат ущыслъагъукIэ сызэщIэзыIэтэ къару лъэщри, сыщIэгъуэщыхьрэ зыщызгъафIэу щыта уи нитIми пшагъуафэ щхьэ есплърэ, пхуэзгъэтIыгъуэу зэманкIэ пхуэсхъума псалъэ IэфIхэм я кIапэлъапи щхьэ къысхуэмыубыдыжрэ?! Мыпхуэдиз мыгурыIуэгъуэм дауэ сакъыIэщIэкIыну? Си пщIыхь нэхъ шынагъуэ дыдэми къыхэзгъахуэртэкъыми апхуэдэ щытыкIэр. СщIэркъым... Хэт абыкIэ къуаншэр? Сэра? Уэра? НэгъуэщI? Хьэуэ, уэ сыткIэ ббгъэдэслъхьэн къуаншагъэр, дауи къыптезгъэхуэн гуэныхь? Дунеягъэ гуэныхьри хьэзабри згъэвыну сыхьэзыри, языхэзри къыплъэзмыгъэIэсу. Уэ сыткIэ уи лажьэ щхьэзыфIэфIагъкIэ си псэм щызэхэзухуэна гухэлъхэмрэ си гум щэхуу къиIущэщахэмрэ. Уи фIи уи Iеи зыхащIакъым, ягъэунэхуакъым абыхэм. Сэращ... Къуаншэ арэфыр сэращ, си закъуэщ. Уи хьэлыр псоми езыгъэфIэкIыу, уи пщIэр псоми езыгъэлъэгэкIыу, уи нитIым уафэ къащхъуэм хагъэджэразэу къызыщыхъуу, уи бзэр вагъуэбзэу зи тхьэкIумэм щызыгъафIэу щытар нэгъуэщIкъым – сэращ. Къысхуэгъэгъу, зэрымыщIэкIэ зэгуэр си гупсысэ кIапэлъапэ къыплъэIэсамэ, пхузиIа гухэлъхэм яжь къыпщIихуамэ, схуэмышыIэу си нитIым зыгуэр къаIуэтэгъамэ. Къысхуэгъэгъу, нэгъуэщI мыхъуми, пхузиIа лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ. Зи хьэпIи зи шхыпIи къысхуэмыгъуэтыжу бзэха лъагъуныгъэ дахащэм!.. 

ЖАМБЭЧ Рабия
Поделиться:

Читать также: