ЗэфIэкI лъагэ зиIэ

Республикэм и щIалэгъуалэ куэд къэралым и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм щытхъухэр яIэу щолажьэ. Абыхэм ящыщ зыщ нобэ зи гугъу фхуэсщIыну щIалэр - Саратов къалэм Травматологиемрэ ортопедиемкIэ дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и травматолог, хирург-ортопед, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Емкъуж Олег. Илъэс 16 хъуауэ ар мы IуэхущIапIэм щолажьэ, шэч хэмылъуи, а зэманым къриубыдэу лэжьыгъэ и пIалъэ хъарзынэу къищIащ икIи нобэ ар Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ дохутыру къалъытэ.

Сэри згъэунэхуащ Олег и зэфIэкIыр зыхуэдэр. Куэд щIауэ си къупщхьэ зэрытыпIэхэр къызэузырт, ауэ операцэ езгъэщIыну сытемыгушхуэурэ екIуэкIырт. Сытми, тIэкIуи хэзгъэтIэсауэ, сытегушхуэри, нэгъабэ и шыщхьэуIу мазэм сыщIэгъуэлъхьащ Саратов дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым, операцэ сащIын хуейуэ. Пэжыр жысIэнщи, Емкъужыр сцIыхуртэкъым, ауэ и хъыбарыфI куэд зэхэсхати, абы срихьэлIэну сыхуейт. «Дауэ мыхъуми, ди лъахэм щыщщ, абы къищынэмыщIауи, Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIу жаIэ, а щIалэм срихьэлIамэ, си гур нэхъ псэхунут», - жысIэурэ сегупсысырт икIи щIэмычэу Тхьэшхуэм селъэIурт дызэригъэхьэлIэну.

Палатэм сыщIашэри, дакъикъэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIауэ, щIалэ лъагъугъуафIэ гуфIэжу къысщхьэщыхьащ. Къызэплъщ, си щытыкIэм теухуауэ зыгуэрхэмкIэ къызэупщIри: «Умыгузавэу, зыгъэпсэху, Тхьэм жиIэмэ, уи Iуэхур тэмэму зэфIэкIынущ. Операцэ узыщIынур сэращ: си цIэр Олегщ, Емкъужхэ сарейщ», - къызжиIащ. Си анэ къилъхуа си дэлъху къысщхьэщытым хуэдэу къысщигъэхъуащ а щIалэм къыпкърыкIа гуапагъэм, абы и нэгум къищ угъурлыгъэмрэ гумащIагъэмрэ сызэрыгузавэр сщхьэщахри, гупсэхугъуи къызатыжат.

Олег зэрыжиIам хуэдэу, операцэр тыншу зэфIэкIащ. Мазих дэкIмэ, етIуанэ операцэр къыспэщылъти, ари иджыблагъэ сщхьэщыкIащ. Си псалъэхэр схурикъунукъым Емкъуж Олег сызэрыхуэарэзыр къэсIуэтэну. Сэ абы сызэрыщыIам къриубыдэу а щIалэр зэIэзэ адрей сымаджэхэми абы фIыщIэ хуащIу куэдрэ зэхэсхащ, нэгъуэщI лъэпкъ щыщхэр си лъахэгъум къызэрыщытхъум сэри сригушхуэрт.

Сымаджэм и плъапIэр дохутырырщ, абы къыпхилъхьэ фIэщхъуныгъэми куэд елъытащ. Ар фIы дыдэу къызыгурыIуэ Емкъужым жэуаплыныгъэшхуэ хэлъу и лэжьыгъэр ирехьэкI, дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуигъуэтыфу, я гукъеуэр зыхуэдэр зригъащIэрэ, адэкIэ я Iуэху зэрыхъунум теухуауэ чэнджэщ яриту. АпхуэдизкIэ бзэ дахэ Iурылъщи, и псалъэ гуапэхэм сымаджэм гугъэ ирегъэщIыж. Дохутыр IэщIагъэр къыхэзыха дэтхэнэри Емкъуж Олег хуэдэу щытамэ, абыхэм яхуэмыарэзы зы сымаджи щымыIэнт.

КъызыхэкIа лъэпкъым и пщIэр зыIэт, цIыхугъэ лъагэ, нэмыс зыхэлъ щIалэм узыншагъэ быдэ иIэу, гуфIэгъуэр и куэду, и IэщIагъэ мытыншым и хъер илъагъуу, и адэ-анэм я жьауэм щIэтрэ и унагъуэ дахэр ефIакIуэу, и ехъулIэныгъэхэм хэхъуэу Тхьэм куэдрэ игъэпсэу!

ПЫЛ Ямыдэ (Ритэ). Сэрмакъ къуажэ.
Поделиться: