Iэпщацэ Марат премьер-лигэм япэу зыкъыщегъэлъагъуэ

Блыщхьэ кIуам Санкт-Петербург щызэхэтащ Урысейм и премьер-лигэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щызыIыгъ щIыпIэ «Зенит»-мрэ Къэзан и «Рубин»-мрэ я зэIущIэ. Абы и 84-нэ дакъикъэм къыщыхъуар иужькIэ куэдрэ дызэрыгушхуэну къыщIэкIынкIэ хъуну Iуэхугъуэщ - Тэтэрстаным и гуп нэхъыфIым и фащэр щыгъыу футболымкIэ къэралым щыIэ зэхьэзэхуэм япэ дыдэу хыхьащ адыгэ щIалэ Iэпщацэ Марат.

Нэгъабэ, дыгъэгъазэм и пэщIэдзэм хъыбар гуапэ къытIэрыхьат: ди лъахэгъу Iэпщацэ Марат Къэзан и «Рубин»-м зэгурыIуэныгъэ дрищIылIащ илъэси 4,5-кIэ хэтыну. Тэтэрстаным и командэ нэхъыщхьэр Урысей Федерацэм щынэхъ лъэщхэм ящыщ зыщ икIи къэралым щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм увыпIэфI дыдэхэр щеубыд, Европэми мызэ-мытIэу лъэщу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Израилым щыпсэу адыгэхэм ящыщ Натхъуэ Бибрэс абы щыджэгуущ нэхъыфIу къызэрытцIыхуар икIи япэ ехъулIэныгъэ инхэр Хэкужьым щиIар.

 НэхъапэIуэкIэ фызэрыщыдгъэгуэзауэ щытащи, Iэпщацэ Марат нэгъабэ и гъатхэм Iэ тридзат Ростов областым и щIыхьыр ихъумэу Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым зыкъыщызыгъэлъагъуэ Песчанокопскэм и «Чайка» командэм илъэситIкIэ хэтыну. АрщхьэкIэ зыхэхуа гупым Iуэху мыщхьэпэхэр къыхукъуэкIри, етIуанэ дивизионым кърагъэкIуэтэхащ. Апхуэдэу щыхъум адыгэ щIалэщIэр Томск и «Томь»-м хагъэхьащ, зэхьэзэхуэ нэхъ лъэщым къыхэнэн папщIэ. Абы и щIыхьыр ихъумэу Iэпщацэм зэIущIи 9 япэ дивизионым щригъэкIуэкIащ. А мащIэри ирикъуащ ди лъахэгъум зэфIэкI лъагэ зэриIэр топджэгум фIыуэ хэзыщIыкIхэм ялъэгъуну. Аращ пIалъэ кIыхькIэ «Рубин»-м щIызэригъэбыдылIари

Марат къыщалъхуари топ джэгуным зыщыхуигъэсари Налшыкщ. И ныбжьыр илъэс пщыкIуплI щыхъум Краснодар ирагъэблагъэри, Галицкий Сергей и футбол академие цIэрыIуэм адэкIэ и зэфIэкIым щыхигъэхъуащ. Ар къиуха иужькIэ къигъэзэжри, «Спартак-Налшыкым» джэгун щыщIидзащ икIи псынщIэ дыдэу зыкъызэкъуихащ.

Абы щыгъуэм илъэс пщыкIуий зи ныбжь Iэпщацэ Марат лъэ быдэкIэ губгъуэм къызэрихьам и щыхьэтщ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2018 - 2019 гъэхэм щыIа зэхьэзэхуэм ди командэм и щIыхьыр ихъумэу зэIущIэ 24-рэ зэриригъэкIуэкIар. IэщIагъэлIхэм и джэгукIэр хуабжьу ягу ирихьащ - аращ къэралым и ныбжьыщIэ гуп къыхэхам щIраджари.

ФИФА-м и вице-президенту щыта Гранаткин Валентин и цIэкIэ къызэрагъэпэща XXXI дунейпсо зэхьэзэхуэ 20I9 гъэм мэкъуауэгъуэм и 4 - 14-хэм Санкт-Петербург щекIуэкIащ. Iэпщацэ Марат зыдрагъэблэгъа, гъуащхьауэ цIэрыIуэу щыта Кержаков Александр зи тренер нэхъыщхьэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхам хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуат Ираным, Аргентинэм, Армением я гуп лъэщхэр. Ди лъахэгъум абыхэм фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Уеблэмэ, Iэпщацэм дигъэкIа топым и фIыгъэкIэ Армением и командэ къыхэхар хагъэщIащ. Ебланэ дакъикъэм абы и хьэрхуэрэгъум топыр къытрихащ икIи гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIри, бжыгъэр къызэIуихащ.

Урысей Федерацэм и етIуанэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхар зыхэт гупым щытекIуахэм ящыщ зы хъури, финал ныкъуэм нэсащ. Абы къыщыпэщIэува ди къэралым и япэ гупыр къызэрыпэлъэщар зэIущIэ нэужь пенальтихэмкIэщ.

КъищынэмыщIауэ, а махуэ дыдэхэм Iэпщацэ Марат ираджат етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым и командэ къыхэхам. Профессионал Футбол Лигэм и «Переправа» кубокыр къэхьынымкIэ зэхьэзэхуэм адыгэ щIалэщIэр ирагъэблэгъат, арщхьэкIэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхам щыджэгуным нэхъ пщIэ иIэу къалъытэри, и гъэсакIуэхэм ар япэ ирагъэщащ.

Гранаткин Валентин и цIэкIэ щыIа XXXI дунейпсо зэхьэзэхуэм набдзэгубдзаплъэу хущыта къэралым и чемпион «Зенит»-м и тренерхэм Iэпщацэм и джэгукIэр хуабжьу ягу ирихьащ икIи я щIалэгъуалэ гупым дэщIыгъуу зигъэсэну Iэмал къратащ, нэгъуэщI ди лъахэгъу Жылэ Ислъам дэщIыгъуу.

2020 - 2021 гъэхэм Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэми Iэпщацэ Марат щынэхъыфIахэм ящыщщ. «Спартак-Налшыкым» хэту ар зэIущIэ 26-м къыщихьащ икIи я хьэрхуэрэгъухэм топищ щахудигъэкIащ.

Илъэс тIощI фIэкIа ныбжь зимыIэ гъуащхьэхъумэныкъуэ Iэпщацэ Марат иужьрей зэманым футболым лъэбакъуэ лъэщхэр зэрыщичам шэч хэлъкъым. Ди гуапэщ иджы зыхыхьа Къэзан и «Рубин»-м хэту адэкIи и ехъулIэныгъэхэмкIэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм дыщигъэгуфIэмэ. Ар хуэфэщэн гъусэ лъэщ хуэхъуну хуабжьу дыщогугъ зэфIэкI лъагэ иIэу Мэзкуу и «Спартак»-мрэ «Химки»-мрэ яхэту абы зыкъыщызыгъэлъагъуэ адыгэ щIалэ закъуэ Мырзэ Резуан.

ХЬЭТАУ Ислъам.
Поделиться: