Япэ лъэбакъуэр мытыншми…

КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Дэгу Каринэ тыдогъэпсэлъыхь щэнхабзэм зэрыдихьэхам, зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм.

         - Еханэ классым сыщIэсу ди курыт еджапIэм щIалэгъуалэм къыддэлэжьэну кърагъэблэгъат Гуэнгъэпщ Юрэ. Абы уэрэдым дихьэххэр игъасэрт, театр теплъэгъуэхэр ядигъэувырт. Сэри сыкIуэурэ щэхуу сакIэлъыплъырт, ауэ сытегушхуэртэкъым егъэджакIуэм сыбгъэдыхьэну. Зэгуэрым абы езым сызыбгъэдишэри, къызжиIащ бжэ къуагъым сыкъуэмыту, си зэфIэкIым сеплъыжмэ нэхъ къызэрысщхьэпэнур. Апхуэдэу утыкум япэу абы сришауэ жыпIэ хъунущ, - дыщегъэгъуазэ Каринэ.

Школыр къыщиухым, зэдзэкIакIуэхэр щагъэхьэзыр еджапIэм зэрыщIэтIысхьэнум егугъуу зыхуигъэхьэзырат, апхуэдэуи щIэхъуэпсырт гур зыгъэхъуж дохутыр хъуну. АрщхьэкIэ Каринэ уэрэдым и гъащIэр ирипхмэ нэхъ къищтащ.

- Си мурадыр си анэм щыжесIэм, Гъэсашэ Наталье къызигъэдэIуэну сишащ, абы къыджиIэм адэкIэ си Iуэхур трищIыхьыну. Наталье си дэфтэрхэр Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым ест зэрыхъунур щыжиIэм, IэщIагъэ схуэхъунум шэч къытесхьэжакъым», - жеIэ Каринэ.

         УэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэр балигъ гъащIэм хэзыша и япэ егъэджакIуэхэр Куэт Къанщобий, Батыр Мухьэдин сымэщ, абыхэм я деж зыщигъэсащ оперэ уэрэд жыIэкIэм и щэхухэм. Хъыджэбзым зэрыжиIэмкIэ, абыхэми Гъэсашэ Натальи я чэнджэщ куэд ар щIэдэIуащ икIи нэхъыжьхэм я псалъэр гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуащ. Къапщтэмэ, ахэращ утыку къыщихьэкIэ ноби абы къыдэIэпыкъур.

         - Ди зэфIэкIым зэрыхыдигъэхъуэным и мызакъуэу, Батыр Мухьэдин адэм хуэдэу гуапэу сытым дежи къыдбгъэдэтащ. Абы къыджиIэрт: «Утыку фихьамэ, а IэщIагъэм фи гур нэсу къыхузэIуфх, арыншамэ, цIыхум я деж нэфхьэсынур мащIэщ». Апхуэдэ дыдэуи Гъэсашэ Наталье сыт и лъэныкъуэкIи дигъэIущащ, артистым и пщэ къалэнышхуэ къызэрыдэхуэр зэпымыууэ къыджиIащ. «ЦIыхум щапхъэу ялъагъур утыкум итращи, къыщIывдэплъеин щапхъэ вгъэлъэгъуэн хуейщ», - жиIэрт абы.

         ЕджапIэ нэхъыщхьэм щIэсу, Каринэ хэтащ Осетие Ипщэм щекIуэкIа «Нартхэм я мыIэрысэ»  фестиваль-зэпеуэм. Езым япэ дыдэу итхыжа уэрэдыр абы щигъэзащIэри, ар лэжьыгъэ нэхъыфIу къызэралъытам и щыхьэту, саугъэт нэхъыщхьэр къыхуагъэфэщащ.

Музыкэ театрым хъыджэбзыр щыувагъащIэ зэманым ирихьэлIэу, «Шэмхьун и фызышэм» щелэжьырти, Каринэ абы хагъэхьащ Жангуащэ и ролыр щигъэзэщIэну. «Театрым илъэс 30-кIэ, нэхъыбэжкIэ щылэжьа артист пажэхэм я гъусэу утыку сыкъихьэн зэрыхуейм мащIэу сытешыныхьырт. Къуныжь Алим абы щыгъуэм сытригъэгушхуащ: «Каринэ, мы ролыр зэрыпхуэгъэзэщIэнур сощIэри, зы щхьэкIи умыгузавэ», - жиIэри. ИкъукIэ фIыщIэ яхузощI япэ лъэбакъуэхэр щысчым сызыдэлэжьа режиссерхэми  утыку си гъусэу къихьахэми - дэтхэнэми си лэжьыгъэр къыздаIыгъащ.

         Илъэсибл дэкIащ абы лъандэри, Каринэ и зэфIэкIым хэхъуэ зэпытщ, КъБР-м и Музыкэ театрым игъэув оперэхэмрэ опереттэхэмрэ ехъулIэныгъэхэр къыщегъэлъагъуэ. Ар хэтащ «Севастопольский вальс» опереттэм, «Мадинэ» оперэм - Лалинэ и ролыр, «Аршин мал алан» опереттэм Асият и ролыр щегъэзащIэ. Театрым игъэхьэзыра «Травиата» оперэми Виолеттэ и ролыр уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэм къыщылъагъэсащ.

         Каринэ театрым и мызакъуэу, ди республикэми,  гъунэгъу щIыналъэхэми, къапщтэмэ Тыркуми къыщызэрагъэпэщ пшыхьхэм щIэх-щIэхыурэ ирагъэблагъэ. Ар хущIокъу уэрэд нэхъыбэ и анэдэлъхубзэкIэ игъэзэщIэну, къэбгъэлъагъуэмэ, Сэхъу Хьэсэн, Мамий Аслъэн сымэ ядолажьэ, Иуан Владимир и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэд куэд и гуапэу егъэзащIэ.

          

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: