Пасэрей цIыхум и хэщIапIэ

Неандерталец (палеонтроп) жыхуаIэ цIыху лъэпкъыгъуэр илъэс мин 600 и пэкIэ Европэм щыпсэуащ икIи илъэс мин 40-кIэ узэIэбэкIыжмэ икIуэдыкIыжауэ е нэгъуэщI лъэпкъым хэшыпсыхьыжауэ хуагъэфащэ. Абыхэм я хьэдэ къупщхьэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ ди щIыналъэм зэи зыри щрихьэлIатэкъым нобэр къыздэсым, ауэ Зэикъуэ къуажэ щыIэ бгъуэнщIагъхэм ящыщ зым иджыблагъэ къыщагъуэтащ неандерталецым и къупщхьэ…

Палеонтропым и къупщхьэ япэ дыдэ Бельгием къыщагъуэтащ 1829 гъэм. Дарвин Чарлз и щIэныгъэ Iуэху еплъыкIэр и лъабжьэу, 1871 гъэм щыщIэдзауэ неандерталецыр номинымрэ иджырей цIыхумрэ я зэхуаку дэта цIыху лIэужьыгъуэу къахутащ. Ахэр лъагэу пхужыIэнутэкъым – сантиметри 165 хъууэ арат, езыхэр Iэчлъэчт, къупщхьэшхуэт (ауэ балигъыпIэ щиувам деж шэ емызэгъыу зэрыхъум къыхэкIкIэ, къупщхьэ уз яIэт),  щхьэшхуэт, натIэ  лъахъшэт, нэпкъыщхьэ Iувт,  и щхьэ хьэлъэм иришэх нэхъей, дамагуэт, Iэ кIыхьт, пщэ кIэщIт, цыплът, фэ хужьт. Абыхэм я бынхэр «ин хъууэ цIыкIу хъужам» хуэдэу къэзылъхуахэм ещхьт икIи илъэси 8-10-хэм ирихьэлIэу балигъыпIэ иувэрт, илъэс 22-23 нэхъыби псэуртэкъым.  ИрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, неандерталецхэм лы, мэракIуэ, дэ, пхъэщхьэмыщхьэ куэду яшхырт.

Италием къыщагъуэтауэ щыта хьэдэ къупщхьэмкIэ неандерталецым и ДНК-р яджат. Абыхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, къухьэпIэмкIи  къуэкIыпIэмкIи щыпсэуа палеонтропхэм я ДНК-м зихъуэжын, махэ хъун щыщIидзар илъэс мини 150-кIэ узэIэбэкIыжмэщ. КIуэдыжыпIэ яхуэхъупари илъэс мин 40 и пэкIэ Африкэм икIыу ЕвропэмкIэ Iэпхъуа нэгъуэщI цIыху лъэпкъым (кроманьон лъэпкъ, иджырей цIыхум зыкIи къыщхьэщымыкIым) зэрыхэшыпсыхьаращ. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, неандерталец цIыхухъумрэ кроманьон цIыхубзымрэ я зэхуакум хъыджэбз цIыкIу мыхъумэ, щIалэ къыдэхъуэртэкъым, бзылъхугъэм и Iэпкълъэпкъым неандерталецым и Y хромасомэр (цIыхухъу хромосомэ) изагъэртэкъыми. Неандерталецым и лъэпкъыр къыпызыщэн къызэрамылъхужым хуэм-хуэмурэ дэкIуэдыжащ. Абы щхьэкIэ къэмынэу, нобэрей европей цIыхум и лъым хэтщ пасэрей цIыху лIэужьыгъуэм и ДНК-м щыщ проценти 4-м нэс, дызытепсэлъыхьа цIыху лъэпкъитIым я зэхуаку къыдэхъуэу щыта бзылъхугъэхэм я лъым хэту къалъэIэсауэ. Африкэм щыпсэухэм я лъыр текIуащ – неандерталецым и ДНК-м щыщу процент 0,3-рэ яхэлъу аращ. Абы и «фIыгъэщ» Европэм щыпсэухэм я иммунитетыр зэрымахэр, зэрынэщхъейрилэр, щIыфэ, къупщхьэ узхэр, депрессиер  зэрыхуэлъэр, цIыхур наркотикым псынщIэу зэресэр, нэгъуэщIхэри. Къыхэгъэщыпхъэщ неандерталецхэм зэи аутизм, Альцгеймерым и уз, шизофрение, Дауным и синдромыр къызэфыкI зэрахэмытар.

Неандерталецхэр Кавказым зэрыщыпсэуам и щыхьэту, Краснодар крайм мызэ-мытIэу къыщагъуэтащ абыхэм я къупщхьэ. Кремний (щтауч) зыщIэлъ щIыпIэм и лъыхъуакIуэ къежьа урысей щIэныгъэрылажьэ Дороничевэ Екатеринэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрымыщIэкIэ къыщигъуэтащ палеонтропым и лъэужь. Зэикъуэдэс ШыкIэбахъуэ МуIэед лэжьыгъэ IуэхукIэ ди щIыпIэм къеблэгъа цIыхубзым иригъэлъэгъуащ уэшхым хиубыда щакIуэхэм зыщагъэпщкIуу щыта бгъуэнщIагъыр. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар къызэрыгуэкI епсыхыпIэтэкъым, атIэ пасэрей неандерталецхэм я хэщIапIэт. Иджы а щIыпIэм щолажьэ Санкт-Петербург къикIа щIэныгъэлI I5: геозоологхэр, вулканологхэр, палеонтологхэр, генетикхэр. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, мы бгъуэнщIагъым неандерталецхэр щыпсэурт, Iэщэ щагъэхьэзырт. БгъуэнщIагъым метр зэбгъузэнатIэ 300 и инагъщ, ауэ абы щыщу къатIар метр зэбгъузэнатIи 7-ращ.

- Мы къэхутэныгъэхэм я фIыгъэкIэ илъэс мин 50-кIэ узэIэбэкIыжмэ,  ди щIыпIэхэм къыщыкIыу щыта къэкIыгъэхэр, щыпсэуа псэущхьэхэр, пасэрей цIыхухэр зэщакIуэу щытар, дунейм и щытыкIар къытхуэхутэнущ. Археологхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым тхьэмахуитI хъуауэ щолажьэ, фокIадэ мазэр икIыху щыIэнуи къыщIэкIынущ, - жеIэ Урысей Географие зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Котляров Виктор.

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: