Я закъуэ яхузэфIэкIынукъым

Ди республикэр щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ бей щIыналъэу къалъытэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэу куэд щопсэу. Абыхэм яхэтщ Кавказым фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ узыщримыхьэлIэнухэри. Ар къыхокI ди щIыгум щIыIагъэ-хуабагъэ, псыIагъэ-гъущагъэ я лъэныкъуэкIэ щыщыIэ щытыкIэмрэ лъэхъэнэ кIыхьым къриубыдэу и геологием къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэмрэ.

Дызэрыщыгъуазэщи, ди республикэм и щIыналъэр зыхуэзэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм ищхъэрэкIэ гъэза и джабэщIхэмрэ абыхэм я лъабжьэжкIэ щыIэ губгъуэхэмрэ я курыхырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъунапкъэр егъэщIылIащ: ищхъэрэк1э – Ставрополь крайм, къухьэпIэмкIэ – Къэрэшей-Шэрджэсым, ипщэ-къуэкIыпIэмк1э – Осетие Ищхъэрэ-Аланием, къуэкIыпIэмк1э – Ингуш Республикэм, ипщэмкIэ - Куржым.    

Псэущхьэхэм я нэхъыбапIэм егъэзыпIэ нэхъ яхуэхъури щыпсэуну нэхъ къыхахри мэзхэращ, псом хуэмыдэжу къыр зэхуакухэм дэтхэрщ. Ауэ щыхъукIи, псэ зыIуту ди «нэхъыщIэ цIыкIухэм» мэзым и зы дэтхэнэ къуапэри я унапIэщ. Нэрымылъагъу цIыкIужьейхэм я мызакъуэу, ди нэм къыхуэубыд нэхъ иныIуэхэми жыгыпкъхэр, абыхэм къапыкIэ тхьэмпэхэр, жыг лъабжьэхэр, езы щIы щхьэфэ дыдэри псэупIэ яхуохъу. Бзу зэмылIэужьыгъуэхэр, кIэпхъхэр, мэз джэдхэр, былътырыкухэр, нэгъуэщIхэри къудамэхэм тесщ, жыг кугъуанэхэм исщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ узыщрихьэлIэ хьэкIэкхъуэкIэхэр щыхь, бжэн, мыщэ, дыгъужь, бажэ, ужьэ, дзыдзэ, уашхэ, елэн (былътырыку), мэзджэду, тхьэкIумэкIыхь, кIэпхъ хуэдэхэращ.

Ди республикэр хэщIапIэ зыхуэхъуа псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ ящыщу нэхъ зыхуэсакъыпхъэ лIэужьыгъуэу къалъытэр 230-м ноблагъэ. Абыхэм ящыщу 73-р Урысейм и Тхылъ Плъыжьым иратхащ. Ахэр къоув Къэбэрдей-Балъкъэрыр биологие зэмылIэужьыгъуагъэкIэ зэрыбейм и зы пщалъэу, абы къыдэкIуэуи, дыкъэзыухъуреихь дунейм къыгуэхыпIэ зимыIэ и зы Iыхьэу.  

Республикэм псыежэххэр щыкуэдщ. Ахэр зыдэт къуэкIийхэм я Iувагъыр дэнэкIи щызэхуэдэкъым: къуршылъэ щIыпIэхэм щынэхъыбэщ, тафэхэм щынэхъ мащIэщ. Псыр бгыщхьэхэм зэрыщыщIыIэтыIэм, и жэкIэри нэхъ уэру, нэхъ къуейщIейуэ зэрыщыщытым къыхэкIыу, бдзэжьейуэ хэсри нэхъ мащIэщ, тафэхэм затезыгуашэ псыхъуэхэм щынэхъыбэщ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым ипсхэм бдзэжьей лIэужьыгъуэу 28-рэ хэсщ. Нэхъ цIыкIуIуэхэм нэмыщI, ахэр бдзэжьейкъуэлэн, бдзафэ, аргъей, пащIэкIапсэ, бгъэгуплъ хуэдэхэращ.

КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм ЩакIуэ IуэхухэмкIэ и департаментым республикэм кIэлъыплъыныгъэхэр щIэх-щIэхыурэ щрегъэкIуэкI, хьэкIэкхъуэкIэхэр къызэраущэкIу, бдзэжьей зэрещэ щIыкIэхэр зэхегъэкI, зыхуимыт зылэжьхэр хабзэм ирешалIэ. Iуэхухэм фIы гуэрхэр къызэрыпэкIуэр нэрылъагъуми, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа IуэхущIапIэм щылажьэ инспектор 15-м я закъуэкIэ, нэгъуэщI къадэмыIэпыкъумэ, республикэм и щIыналъэр зэрыщыту щIэплъыкIа зэрымыхъунур гурыIуэгъуэщ. Ар къалъытэри, министерствэм и унафэщIхэм иджыблагъэ къыхалъхьащ Жылагъуэ инспекторхэм я институт, щакIуэ Iуэхухэм телажьэу, къызэгъэпэщын хуейуэ.

 

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться: