Мэздэгу адыгэхэм я хабзэхэр сыт хуэдэ?

  Лъэныкъуэ куэдкIэ зыбужьыну ухуеймэ, ди зэманым апхуэдэ IэмалыфIхэр щыIэщ, икIи ахэр къэзыгъэсэбэп щIалэгъуалэри ди мащIэкъым.

Хьэрылъху Александр мэздэгу адыгэхэм ящыщщ, ауэ унагъуэр Налшык къалэм дэсщ. ЩIалэм КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжыр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр къиухащ, ауэ зэрысабийрэ и адэм и гъусэу лъэщапIэм зэрыщIэтар къыщхьэпэжащи, илъэси I0-м щIигъуауэ езыри гъущIхэкIхэм йолэжь.

 Адыгэ Iуэхум гукIи псэкIи зэрыпэгъунэгъуращ мы щIалэм дытетхыхьын хуей щIэхъуар. И IэщIагъэр къигъэсэбэпри, лъэпкъым хуэщхьэпэн Iуэхум ар и ужь ихьащ. Александр гъущIым  къыхищIыкI лъэпкъ дамыгъэхэр Къэбэрдейм и мызакъуэу, Адыгэ Республикэми  щызэбгрыкIащ. Абазэхэ, Ерыджокъуэхэ, Сатушыхэ, Борэхэ, МэщлIэкъухэ, ЦIыпIынэхэ, Пэнэшухэ, Тхьэкъуахъуэхэ, Думэнхэ, Сыжажэхэ, ЖэнэлIхэ, Лыджыдэхэ, Мамхэгъхэ, Къулхэ, Мамийхэ, Тхыгъохэ, Къэрэшхэ, нэгъуэщIхэми я дамыгъэхэр абы яхуищIащ. «Дэтхэнэ дамыгъэми ущелэжькIэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэгъуэтыпхъэщ. Дамыгъэхэм зы щIыкIэ яIэми, ахэр зэщхькъым, «хьэл-щэн» хэха дэтхэнэми яIэщ. ЗэрысхузэфIэкIкIэ ахэр щысщIкэ си гуи си пси хызолъхьэ, си дежкIэ а лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ», - жеIэ щIалэм.  

 Шэч хэмылъу, щIэупщIэ сытым дежи зиIэ IэщIагъэщ Адександр къыхихар. Ар Сочэ, Геленджик къалэхэм ирагъэблагъэурэ щылэжьащ, ауэ Налшык щиIэ и лъэщапIэр нэхъыщхьэщ, икIи иджыри йогупсыс адыгэ Iуэхум пэгъунэгъу хьэпшып гуэрхэр зэрищIынум.

 ЩIалэм пасэу къиухауэ щытащ музыкэ школри. Гитарэ еуэнымкIэ зригъэгъуэта щIэныгъэр зыIэщIигъэхуркъым, уеблэмэ адыгэ макъамэхэм  дехьэхри, уэрэдыжьхэр къигъэщIэрэщIэжурэ жеIэ.

Александр Налшык щыпсэуми, мэздэгу адыгэхэм быдэу зэрыпыщIар къыхегъэщ, щIэх-щIэхыурэ и анэшхуэм, благъэ-Iыхьлыхэм я деж мэкIуэж лъагъунлъагъу.       «Лъэпкъ щэнхабзэм апхуэдизу сыщIыдихьэхар, мыбыкIи хуэдэу мэздэгу адыгэхэми ди хабзэжь куэд зэрытхъумар, ахэр нобэр къыздэсым къыддекIуэкIыу зэрыщытыр арагъэнущ. Псалъэм папщIэ, мэздэгу адыгэхэм яхъумащ Къэбэрдейми Адыгейми нобэ къамыгъэсэбэпыж хабзэ гуэрхэр. Абыхэм ящыщщ хъуромэ дауэдапщэр, нэгъуэщIу зэрыжаIэщи, мафIэщхьэтыхь, мафIэщхьэджэдыр. Ди япэ итахэм зэфIагъэува щэнхабзэм пщIэ хуэтщIу, я щIэиныр зыхэтщIыкIыу дыпсэун хуейуэ къызолъытэ», - къыхегъэщ абы.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: